Мэхэм я зэщIэжьыуэ

Дыхумэр ирапх гукъыдэжым, гукъэкIыжым, гухэлъым, цIыху щхьэхуэм… Куэдым… куэдым. Щхьэж и хьэл-щэным, игу ирихь гъэгъам, фIыуэ илъагъу зэманым - куэдым трещIыхь цIыхум дыху къыщыхихкIэ. Къапщтэмэ, дыху зэхэзылъхьэхэм телъыджэ гуэру зыхащIэу къыщIэкIынущ мэхэр зэхэзагъэу зэрызэхалъхьэнур. Дыхуми езым и хабзэ, и тхыдэ, и къэгъэщIыкIэ иIэжщ.

Дыхур Пасэрей Мысырым къыщыунэхуауэ къалъытэ. Абы япэу щызэхалъхьа дыхухэр дагъэу ирагъахъуэрт. Хуэкъулейхэм зыщахуэхэм халъхьэрт лимоным, бэрэтIинэм (мята), гуузчыным (анис) къыщIахуа дагъэ. КъызэрыгуэкIхэм зыщахуэм халъхьэ хабзэт касторым, губгъуэджэдгыным (тимьян), дадийм (душица) я дагъэр. Дагъэу зыщамыхуэу, псыуэ зытракIэ япэ дыхум фIащауэ щытащ kyphi (кифи). Абы къыхихт фом, шэфраным, къуэрэдэрэм (можжевельник), миррэм, шагъырым (вино) я мэр. Япэрей дыхухэр кумбыгъэ гъэщIэрэщIа дахэхэм щахъумэрт. Кумбыгъэхэм тхыпхъэ зэхуэмыдэхэр хащIыхьырт елIалIэу. Бзылъхугъэхэм я щхьэцхэр зэрагъэщIэращIэ дыху - пирамидэ цIыкIухэр щыIэт. Ахэр дагъэм къыхэщIыкIати, Мысырым и хьэуа пщтырым хуэму игъэткIурт, апщIондэхуи, мэ гуакIуэ къыпихырт. А мэр махуэ псокIэ къакIэрихырт бзылъухгъэхэм.

Дыхумэ гуакIуэхэмкIэ ерыщу щытащ Нефертити. Псом хуэмыдэу фIыуэ илъагъурт жасминым и мэр. Мысыр пащтыху гуащэ Клеопатрэ нэхъыфI дыдэу илъагъут индие нардым, миррым, бадым (ладан) я мэхэр.

Пасэрей Урымым дыхур дэни къыщагъэсэбэрпырт: щыгъыным, унэ лъащIэхэм траутхэрт, уеблэмэ шхынми халъхьэрт. Псом хуэмыдэу ахэр ерыщт розэкIи, ахэр нэгъуэщI щIыпIэхэми кърашын хуей хъурт. Урымым и цIыхухэм къалъытэрт дыхур цIыхум и псантхуэхэм еIэзэу.

Дыху зэхэлъхьэнымкIэ тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум. Израилым и Эйн-Геди, Эйн-Бокек къалэхэм я дыху зэхэлъхьэкIэр хэIущIыIу ящIыртэкъым - щэхуу яхъумэрт. Абыхэм я дыхухэм халъхьэрт афарсемон къэкIыгъэм къыщIаху дагъэ лIэужьыгъуэ.

Ди эрэм и пэкIэ VI-нэ лIщIыгъуэм дыхур къыщагъэсэбэпырт КъуэкIыпIэм. Ислъам диным тет къэралыгъуэхэм дыху зэхэлъхьэным хуаIэ еплъыкIэр щхьэхуэт. Аравий хытIыгум къыщыкI удз лIэужьыгъуэ гуэрым и мэр нэхъыщхьэу къагъэсэбэпырт. Хьэрып, куржы дыхузэхэлъхьэхэм а Iуэхум щIэуэ халъхьащ ткIуаткIуэ зэракIыщтэ кубыр (перегонный куб). Аравий щIэныгъэлI Аль-Кинди япэу итхащ дыху зэхэзылъхьэхэр (парфюмер) зэрыгъуэзэн. Абы къыщыхьат ар зэрызэхалъхьэ Iэмалхэр, дагъэхэр зэрызэхэзагъэр, бальзам зэращIыр, хущхъуэу къэбгъэсэбэп хъунухэр зыхуэдэр.

1608 гъэм Флоренцэм япэу къыщыунэхуащ дыху къыщыщIагъэкI фабрикэ. Ар къулъшырыфхэм (монастырь) ящыщ зым хэтт, дыхур зэхэзылъхьэри щихъхэрт.

Дыхумрэ модэмрэ зэпхыныр цIыхухэм ягу къэкIа нужь, абы нэхъри зиужьащ. ХХ-нэ лIэщIыгъуэм Пуаре П. ид щыгъынхэм яхуэкIуэн дыху къахуигупсысу щIидзащ. А Iэмалым зригъэужьащ Шанель Габриэль. Дуней псом щыцIэрыIуэщ абы и Chanel №5-р.

Урысейм дыху зэхэлъхьэным зиужьын щыщIидзащ 1843 гъэм къэунэхуа «Ралле и Ко» франджы IуэхущIапIэм и фIыгъэкIэ. Революцэ нэужьым абы «Свобода» фIащыжащ - сабын, крем, сэхусэплъ къыщIегъэкI. 1872 гъэм «Цветочный» одеколоныр къыщIагъэкIыу ирагъэжьащ. I9I3 гъэм, Романовхэм я тетыгъуэр илъэс 300 зэрырикъум ирихьэлIэу «Brocar и Ко» IуэхущIапIэм «Пащтыхь гуащэм папщIэ Iэрамэ» дыхур зэхилъхьащ. Ар пащтыхь гуащэ Марие папщIэ франджы парфюмер Мишель Август зэхилъхьауэ щытащ. ИужькIэ абы фIащыжащ «Красная Москва».

Ди зэманым дыху лIэужьыгъуэхэр бжыгъэншэщ, щхьэж игу ирихь мэ гуакIуэр къыхихыну Iэмал иIэу. Егъэлеяуэ лъапIэхэри нэхъ цIыху къызэрыгуэкI дыдэхэм къащэхуфынухэри щыIэщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: