ГукъэкIыжхэм ухэзылъасэ

ТхылъыщIэ

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тедзапIэм дызыщыгуфIыкIын тхылъ иджыблагъэ къыщыдэкIащ. Псы хуэлIа гъуэгурыкIуэм псы ткIуэпс зэрыIухуэу къызэрыбэдзэуэжым ещхьу, зэгуэр зи макъ къэIуа тхакIуэщIэм и IэдакъэщIэкIым цIыхухэр зэригъэплъыжат, зэригъэпсэлъат, нэхъыщхьэращи, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм иригъэгупсысыжат. Тобэ ирехъуи, Тхьэм къыхуигъэфэща гъащIэр нэхъ кIыхьу щытамэ, абы къипсэлъэнумрэ къигупсысынумрэ лъэпкъым и къэухьым фIыуэ зригъэIэтынут, и зэхэщIыкIми зригъэубгъунут. ГъащIэ мащIэми, щIэин дахэ къигъэнащ, зыхуебгъэзэкIыу ухэIэбэху зы хьэлэмэт гуэр къыхэбгъуатэу, цIыху зэхущытыкIэхэм хэлъ зэщымыщхъухэм я жэуап къуиту. Зи гугъу сщIыр литературэ уафэ джабэм вагъуэ лыду къитIысхьэу ар къызэщIэзыгъэбла Къанкъул Заурщ. Илъэс Iэджэ дэкIыжащ ар зэрытхэмытыжрэ, ауэ абы и IэдакъэщIэкIхэм къапих хъуэпсым иджыри уагъэхуабэ, псом хуэмыдэу щIалэгур егъэкIыл, гупсысэ къигъэхъуапIэ мэхъу, литературэм зэуэ щыхиша гъуэгу гъэщIэгъуэн дыдэм къекIуэлIэн лъагъуэ къелъыхъуэ…

ЩIэх-щIэхыурэ тхылъыфIкIэ дызыгъафIэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм куэд щIакъым къызэрыщыдэкIрэ «Къалэм дэгъуэщыхьа» фIэщыгъэр иIэу Къанкъул Заур и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым и урысыбзэ зэдзэкIыгъэр. Хэт ищIэн, тхыгъэ щIагъуэм и адыгэбзэм имыгъуэта гулъытэр и урысыбзэм къызэщигъэункIэ, къимыпсэлъыфа гупсысэхэри нэхъ къызэщIигъэрыуэнкIэ мэхъу. Тхылъыр къыдэзыгъэкIа Котляров Виктор зэрыжиIэмкIэ, Къанкъулым и тхыгъэхэм цIыхухэр къащIэупщIэрт, къыщагъуэтынумрэ щIэджыкIа зэрыхъунумрэ къылъыгъуазэрт. КъыдэгъэкIыным ар и зы щхьэусыгъуэу щытами, нэхъыщхьэр аракъым. «Илъэс 25-рэ нэхъыбэ къигъэщIакъым «Къалэм дэгъуэщыхьа («Затерявшийся в городе») тхылъыр зей Къанкъул Заур. Ар къызэрытхэмытыж илъэс щэщIым къигъэлъэгъуащ лъэпкъ литературэхэр псэхэлъхьэж зэрыхуэныкъуэр, абы и дуней лъагъукIэм хуэдэ зиIэ ахэр зэрыщыщIэр. Къанкъулым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр гузэхэщIэ инкIэ гъэнщIащ, абы и сатырхэм хэт емыджэми, и гур здынэмыс къимыгъанэу улъэпхъащэу хуожьэ. Литературэхутэ ЩоджэнцIыкIу Нинэ зэрыжиIащи, адыгэ литературэм, псом хуэмыдэу къэбэрдей адыгэбзэкIэ тхам, абы хуэдэ гупсысэ къыхэзылъхьа щыIэкъым. Къанкъулым и гупэр зыхуигъазэр лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэхэм адыгэхэр къызыхэхута щытыкIэ гугъум къызэрикIырщ, я цIыхугъэрэ хабзэкIэ абы зэрыпэлъэщырщ, гъащIэм и архъуанэм зыхрамыгъэлъафэу абы ныджэм къызэресын Iэмал къызэралъыхъуэрщ. Iэджэ удыни къытехуэу, тхыдэм и мывэ щхьэлым къыщIэщэща лъэпкъыр дауэ пIэрэ пщэдейрей махуэхэм зэрыхуэкIуэнур, сыт хуэдэ сэфэту пIэрэ абы иIэнур, сыт хуэдэ дуней лъагъукIэрэ хабзэу пIэрэ абы къыщIэхъуэжыну щIэблэм къыхуигъэнэнур - мис мы упщIэхэм я жэуап къелъыхъуэ, мис мы Iуэхугъуэхэм ягъэпIейтей Къанкъулым и тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэр. ПхужыIэнукъым жэуап нэсыр абыхэм къагъуэтауэ, ауэ а зэрагъэкIэсыфа гупсысэхэм кIуэрабгъу куэд дыдэ зэриIэнум шэч хэлъкъым. ТхакIуэ щIалэри зыхущIэкъур аращ - тхылъеджэм езыр зыхуей гъуэгур къыхихыжыну, зытет дунейр и хуитыныгъэмрэ и Iэмалхэмрэ нэхъ дахэ яригъэщIыну хущIокъу. Жэуап къэзымыгъуэтыфыр Къанкъулракъым, атIэ абы и хъуреягъкIэ щыт цIыхухэращ. Зи псэр махэ щIалэщIэм илъагъур куэдкIэ нэхъыбэщ, псэуныгъэм игъэгужьея цIыху цIыкIухэм нэхърэ. Арыххэуи, зэ укъызэтеувыIэрэ жаIэм ущIэдэIумэ, гум зыпхидзу щхьэпэн куэд лIыхъужьхэм къыпкъралъхьэнущ. Ар зы лъэныкъуэкIэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, къызэрыкIуэу тхэркъым Къанкъулыр. Псалъэ шэщIыкIэм къыщегъэжьауэ сюжет ухуэкIэм щыщIэкIыжу тхакIуэм и хъэтIщ, ипэкIи иужькIи къэмыхъуауэ - абы зэрегъэкIуф фантастикэ Iэмалхэмрэ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ, Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ псалъэ зэгъэпэщыкIэ щхъуэкIэплъыкIэхэмрэ, зэхеухуанэ дунейпсо дамыгъэхэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ, упэмыплъагъэххэу псалъэр текстым джэгуу хеIуантIэ… А псор къэплъытэмэ, Къанкъулым адыгэпсо литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къызэрымыкIуэу инщ, ар дунейм къыщIытехьэжын хуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэри аращ», - жеIэ Котляров Виктор.

Шэч хэлъкъым, тхылъыщIэр зыIэрыхьэнухэм гунэс ящыхъунущ, тхакIуэм и гъащIэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къаулъэпхъэщу хуежьэнущ. Тхылъым «Къалэм дэгъуэщыхьа» зи фIэщыгъэ повестым нэмыщI, Iуэтэжитху ихуащ.

Тхылъым и ублапIэм деж ЩоджэнцIыкIу Нинэ «ДыщыхьэщIэщ дызытет дунейм» («Мы в этом мире пребываем недолго») къэхутэныгъэ тхыгъэшхуэр итщ. Абы щызэпкърыхащ Къанкъул Заур и IэдакъэщIэкIхэр, къыщыхутащ тхакIуэм и псэлъэкIэмрэ и хъэтIымрэ яхэлъ щхьэхуэныгъэхэр. Апхуэдэ дыдэуи «Къалэм дэгъуэщыхьа» повестым философиерэ псалъэ зэгъэпэщыкIэ я лъэныкъуэкIэ хэлъ гъэщIэгъуэнагъэхэр Къэжэр Иннэ къыщихута и тхыгъэхэри тхылъым ихуащ.

Къанкъул Заур и макъамэм пэджэжу, ар имыгъэужьыхыу зи гъащIэ Iыхьэр зыхьа ЩоджэнцIыкIу Нинэ теухуауэ Котляров Виктор и «Мыужьыхыж мафIэ» («Пламя, которое неугасимо») тхыгъэ кIэщIри итщ. Котляров Виктор хузэфIэкIащ дунейм щIэрыщIэу къытехьэжа тхыгъэ зэужьыр зи IэдакъэщIэкI Къанкъул Зауррэ лъэужь дахэ къигъанэу мы гъэм дунейм ехыжа ЩоджэнцIыкIу Нинэрэ я гуащIэр зэрилъыткIэрэ, я щыIэныгъэр, я гупсысэкIэ-Iуэху еплъыкIэхэр, я цIыху щIыкIэр зэгъэпэщауэ тхылъеджэхэм я пащхьэ ирилъхьэн.

Тхылъым и теплъэр зэхэзылъхьари зыгъэщIэрэщIари сурэтыщI-дизайнер Щоджэн Жаннэщ. Ар дунейм къытехьэнымкIэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIыр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м ТхакIуэхэм я Зэгухьэныгъэмрэщ.

Къанкъул Заур и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, и дэтхэнэ сатырми «ЩащIар Къэбэрдейрщ, зыщIар Къанкъулырщ» жаIэ хуэдэщ, апхуэдизкIэ зыми хэмыгъуащэ хъэтIкIэ тхащ, апхуэдизкIэ щIалэгум къыпкърыпсэлъыкI псалъэхэмкIэ зэхэша хъуащи. ИпэжыпIэкIэ, тхылъ тедзапIэм игъэзэщIа пэхуэщIэр – «Къалэм дэгъуэщыхьа» тхылъыр дунейм къызэрытехьар - узыщыгуфIыкIын, Iэужь дахэ куэд къызэрыкIуэн Iуэхугъуэщ. ГукъэкIыжхэм ухэзылъасэ тхылъым уасэ иIэкъым.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: