Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 «Адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм яхуэгъэза Iуэхухэр  щызэхуэхьэса республикэ банкым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым ехьэлIауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и

                                   Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм яхуэгъэза Iуэхухэр щызэхуэхьэса  республикэ  банкым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм   и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

 3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м

№592-П-П

 «Адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм яхуэгъэза Iуэхухэр щызэхуэхьэса республикэ банкым теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым къару имыIэжу къэлъытэным теухуауэ

             Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

                                 Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым къищтащ                    2022 гъэм       жэпуэгъуэм и 27-м

«Адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжу къэна сабийхэм яхуэгъэза Iуэхухэм щызэхуэхьэса республикэ банкым теухуауэ» 2002 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №56-РЗ-м къару имыIэжу къэлъытэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м

№47-РЗ

 

 

 

 

  «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и рынокым и щIыналъэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 2023 гъэм тещIыхьауэ гъэувыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Законым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и

                                    Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и рынокым и щIыналъэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 2023 гъэм тещIыхьауэ гъэувыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым и УнафэщI  Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м

№588-П-П

          Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  лэжьыгъэмкIэ и рынокым и щIыналъэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 2023 гъэм тещIыхьауэ гъэувыным и IуэхукIэ

              Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

                                   Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым къищтащ                    2022 гъэм        жэпуэгъуэм и 27-м

1 статья. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  лэжьыгъэмкIэ и рынокым и щIыналъэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 2023 гъэм зыхуэдизыр

Урысей Федерацэм и  Налог кодексым и 227-нэ статьям и 3-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  лэжьыгъэмкIэ и рынокым и щIыналъэ къыхэщхьэхукIыныгъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициентыр 2023 гъэм тещIыхьауэ 3,0-рэ хъууэ  гъэувын.

2 статья. Мы Законым къару щигъуэтыр

Мы Законым 2023 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ, ауэ официальнэу къыщытрадза махуэм щыщIэдзауэ зы мазэ нэхърэ мынэхъ мащIэ дэкIауэ икIи цIыхухэм я хэхъуэхэмкIэ налогым тещIыхьа зи чэзу налог лъэхъэнэм щыщIидзэ япэ махуэм нэхърэ мынэхъ пасэу къару егъуэт.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2022 гъэм щэкIуэгъуэм и II-м

№48-РЗ

 

  «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI къалэухуэ лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и

                                   Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1.«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI къалэухуэ лэжьыгъэми IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.

2. А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.

 3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м

№586-П-П

 

       «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI къалэухуэ лэжьыгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

            Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

                                  Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и

Парламентым къищтащ                2022 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м

1 статья

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щрагъэкIуэкI къалэухуэ лэжьыгъэм и IуэхукIэ 2006 гъэм шыщхьэуIум и 5-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Закон №66-РЗ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

1. 19-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм хэт «къыщащтэну пIалъэм мазитI нэхърэ мынэхъ мащIэ иIэжу» псалъэхэр зэхъуэкIын «Урысей Федерацэм и Къалэухуэ кодексым къигъэувхэм езэгъыу» жиIэу.

2. 20-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.

2 статья

Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ

2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м

№50-РЗ

      

             

Поделиться: