Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и жылагъуэхэр газкIэ къызэрызэрагъэпэщым зегъэужьынымкIэ республикэ штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мазаем и 16-м къыдигъэкIа унафэ №I6-РГ-мкIэ къищтам мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) республикэ штабым хэгъэхьэн Парафилов Д.В. – «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и ЩIыналъэ гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
б) Къумахуэ А.В. и къулыкъум зэреджэр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу тхыжын: «Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)».
2. Мы унафэм къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м
 №227-РГ

Поделиться: