ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным теухуауэ

Урысей гвардием КъБР-м щыIэ и IуэхущIапIэм щылажьэхэм ветеранхэм я советым и унафэщI, полицэм и полковник Хъужокъуэ Руслан щIыгъуу ирагъэблэгъащ Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Iуэхум хэтащ КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, Парламентым и лIыкIуэхэр, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм щыщхэр, ветеранхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Ар теухуауэ щытащ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным, фIым и телъхьэу къэгъэтэджыным. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ я гупсысэ зэхалъхьэу, зэдэIэпыкъуу щIэблэр хэкупсэ щIыным, фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу къагъэхъуным телэжьэн зэрыхуейм. Урысей гвардием и щIыналъэ IуэхущIапIэм и офицер, майор Тубай Аслъэн жиIащ а Iуэхум теухуауэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыр, дяпэкIи нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ гулъытэ зэрыхуащIынур. Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкIыу Хъужокъуэ Руслан хуагъэфэщащ «КъыдэкIуэтей щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалыр.

- ЩIэблэ гъэсэныгъэр зэи зэпыдгъэу мыхъуну Iуэхущ, дауи. Псом нэхърэ нэхъыбэ гуащIэ зыхэтлъхьэн хуейр аращ - ди сабийхэращ. Егъэлеяуэ гугъу зедгъэхьын хуейщ ахэр икIи гушхуауэ, икIи гъэсауэ, икIи гурыхуэу къэдгъэхъуным папщIэ. ЛIэщIыгъуэкIэрэ нэхъыжьхэм яхъума хабзэ-бзыпхъэхэми хэдныж хъунукъым ди нэхъщIэхэр. Абыхэм я деж Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ нэтхьэсын хуейщ ди хабзэ дахэхэри, - къыхигъэщащ Хъужокъуэ Руслан къыщыпсалъэм.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: