Сакъыныгъэм хуаущий

Къэбэрдей-Балкъэрым и школакIуэхэр хэтщ «Лъэс зекIуапIэ. Лъэс зэпрыкIыпIэ» профилактикэ акцэм.

         ОГИБДД-мрэ Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэмрэ я лэжьакIуэхэм, Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №3-м и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, школакIуэхэм драгъэкIуэкIащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэм теухуа дерсхэр.

ЗэIущIэм и япэ Iыхьэм ныбжьыщIэхэм зрагъэщIащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэу дэтхэнэ лъэсырыкIуэми игъэзэщIапхъэр, зэпкърахащ шынагъуэ щытыкIэхэу сабийхэр школым зэрыкIуэ, къызэрыкIуэж маршрутым зыщыIууэнкIэ хъунухэр.

- ТхьэкIумэм ифлъхьэу макъамэ фызэредаIуэхэр е капюшонхэр къыщывгъэсэбэпкIэ фи нэм къиубыдхэр, зэхэфх макъхэр нэхъ мащIэ мэхъу. Абы фытригъэщхьэрыукIынкIэ хъунущ, - жаIащ полицейхэм.

Гъуэгум зэрыщызекIуапхъэ хабзэр къызытещ тхылъ цIыкIухэмкIэ школакIуэхэм къащIащ уэздыгъэ тридза нэужь нэху къэхъу дамыгъэхэм я щхьэпагъэр, шынагъуэншэ бгырыпххэр къызэрагъэсэбэпыр, апхуэдэуи «унэ – школ - унэ» маршрутыр зэтеухуэным и мыхьэнэр.

НыбжьыщIэхэр жыджэру хэтащ псалъэмакъым, упщIэхэр ятащ икIи гъуэгум зэрыщызекIуапхъэ хабзэм ехьэлIа жэуап зэпкърыхахэр къратыжащ.

Автоинспекторхэр тепсэлъыхьащ лъэс зэпрыкIыпIэхэр зыхуэдэм, ахэр зэрызэпыупщIыпхъэм икIи гу лърагъэтащ, лъэс зэпрыкIыпIэм утехьэну светофорым хуит узэрищI плъыфэр къэблами, занщIэу гъуэгум утехьэ зэрымыхъунум - рулым дэсхэм укъызэралъагъур икIи узэрыблагъэкIыр зэбгъэщIэн хуейщ.

Теорие нэужьым, акцэм хэтхэр гъунэгъу лъэс зэпрыкIыпIэм ирикIуэри, рулым дэсхэм фIыщIэ хуащIащ зэрыблагъэкIам папщIэ.

                                                              

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: