ШынагъуэншагъэмкIэ Урысейм и федеральнэ къулыкъущIапIэм КъБР-м щиIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ яхуэгъэзауэ

ШынагъуэншагъэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэмрэ и ветеранхэмрэ сохъуэхъу я махуэмкIэ! Махуэшхуэр и дамыгъэщ ди цIыхухэр, къэралыр шынагъуэншэу псэуным пэрыт, Урысейм къыщхьэщыж, къимыкIуэту Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэн зыгъэзащIэхэм пщIэ яхуэщIынымрэ лъытэнымрэ.

Нобэ Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр пщIэ яIэу пэрытщ къэралым пщэрылъ къащищIа къалэнхэм. Фи япэ итахэм ягъэува хабзэхэр нэхъри евгъэфIакIуэу фапэщIэтщ щIэпхъаджагъэмрэ Iулъхьэмрэ, республикэм щыIэ жылагъуэ-политикэ щытыкIэр фогъэбыдэ.

ФIыщIэ фхузощI къалэным фызэрыхуэпэжым, хэкум щхьэмыгъазэу къулыкъу зэрыхуэфщIэм папщIэ!

ПщIэ зыхуэтщIхэ! Иджырей зэманым и къуэхъукъащIэхэм шынагъэуншагъэр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр нэхъри гугъу ящI. Ар ехьэлIащ бийм и къару фIыцIэм пэщIэтынми. Шэч къытесхьэркъым адэкIи лIыгъэ фхэлъу хэкумрэ цIыхубэмрэ къулыкъу зэрахуэфщIэнум.

Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ, дэрэжэгъуэ фиIэу Хэкум куэдрэ къулыкъу хуэфщIэну сынывохъуэхъу!

КIУЭКIУЭ Казбек, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ.
Поделиться: