2023 гъэм къапэщытхэр яубзыху

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм видеоконференц щытыкIэм иту щызэхэтащ щIыналъэ IэнатIэм мы гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжа зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ генерал-лейтенант Делимханов Алибек.

Я лэжьыгъэм кърикIуахэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэхэм. ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ IэнатIэм къыпэщыта къалэн псори нэсу зэрагъэзэщIар, апхуэдэуи къагъэлъэгъуащ 2023 гъэм нэхъыщхьэу къапэщылъхэр.

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм къулыкъу щызыщIэхэм ящыщу къыхэжаныкIахэм ведомствэ дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр иратащ.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: