Япэ ищахэр ягу къагъэкIыжащ

Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу, зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъу Налшык къалэм дэтым деж иджыблагъэ пэкIу щригъэкIуэкIащ.

Афганистаным зауэр щаубламрэ советыдзэр а щIыналъэм щихьамрэ илъэс 43-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща пэкIум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутатхэр, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэтахэм я Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ. ЗэIущIэр къызэIузыхар КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимурщ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, абы къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ, екIуэкI Iуэхугъуэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэри къыхигъэщащ. Тхьэгъэлэджым зэрыжиIамкIэ, Афганистаным щекIуэкIа зауэм зи щхьэ хэзылъхьа щIалэхэр зейр къызыхэкIа лъэпкъхэм я закъуэкъым, атIэ ахэр жылэм я бынщ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъун щIалэхэщ, абыхэм я щапхъэри щIалэгъуалэмкIэ нэгъэсауэ гъуэгугъэлъагъуэщ.

«Зи хэкурэ зи унэрэ фIыуэ зымылъагъу цIыхум укъигъэпэжыну ущыгугъ хъунукъым, гукъэкI ящIу пэкIум къекIуэлIахэм фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ. Нобэ дызыхэт пэкIур зауэм хэкIуэда ди щIалэхэм ятеухуами, Афган зауэм къимыкIыжа ди ныбжьэгъу дэтхэнэми я фэеплъыр ядыдогъэлъапIэ. ЛIыгъэм кIуэд зэримыIэр, лъэужьынши зэрымыхъур нобэрей зэIущIэм хуэдэхэм къагъэлъагъуэ. ЩIыпIэ жыжьэм щыкIуэдыжынкIэ зэрыхъунуми емыгупсысу, къагъэзэжу я жьэгужьрэ унагъуэрэ ямылъагъужынкIэ зэрыхъунури къагурыIуэу, ахэр цIыхубэм я хуитыныгъэм щIэзэуну зэуапIэ губгъуэм ихьащ, арыххэуи ди адэжьхэм я пщIэр яхъумащ, езыхэми мыкIуэдыжын фэеплъыр я IэкIэ тхыдэм хатхащ. Къэзымыгъэзэжахэми, адэжь унэм къихьэжахэми зэхуэдэу фIыщIэ фхудощI, фи лIыгъэри къытщIэхъуэ щIэблэми зэращымыгъупщэнур хьэкъыу ди фIэщ мэхъу. Абы и щапхъэ куэд долъагъу. ЩIалэхэм я цIэхэр щалъхуа къуажэхэм я уэрамхэм фIащ, еджапIэхэм фэеплъ плIанэпэхэр къыщызэрагъэпэщ, зэIущIэхэр, я лIыгъэщIагъэхэр къэзыIуэтэж щIэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. Абы нахуэу къегъэлъагъуэ фэеплъым гъуэгу зэрыпхишыр, лIыгъэм кIуэд зэримыIэр. Ди япэ ищахэр дуней пэжым кIуэжащи, увыIэпIэфI ягъуэтыну Тхьэм долъэIу», – жиIащ Тхьэгъэлэдж Тимур.

Апхуэдэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ, Афган зауэм и ветеран Зумакулов Борис, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, КъБР-м и дзэ комиссар нэхъыщхьэм зауэм хэтахэм ядэлэжьэнымкIэ и къуэдзэ Къэзакъ Александр сымэ.

Къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, Iэбу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарабуттин щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэкIуэдахэм я цIэкIэ дыуэ ищIащ. Апхуэдэу чыристан хабзэм тету Хэкум и хъумакIуэхэм тхьэ яхуелъэIуащ Бобылёв Валентин.

Дунейм темытыжхэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуа нэужь, цIыхухэм фэеплъ скъарым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

ЗэIущIэм и кIэухыу Тхьэгъэлэдж Тимур къекIуэлIахэм иджыри зэ фIыщIэ яхуищIащ, дызытехьэ илъэсыщIэми дэтхэнэми фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъыхузэкъуихынуи ехъуэхъуащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: