Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 

 «ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым хуэгъэзауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.  « ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2.  А Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3.  Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ
2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м
№606-П-П

 

 «ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м

 

1 статья
«ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» 2006 гъэм щэкIуэгъуэм и 3-м къащта Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №82-РЗ-м мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. Преамбулым хэт «Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и лIыкIуэ (законхэр къыдэзыгъэкI), гъэзэщIакIуэ органхэм я къызэгъэпэщыкIэм теухуауэ псоми яхуэгъэза хабзэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым» псалъэхэр хэгъэкIын.
2. 26-нэ статьям къару имыIэжу къэлъытэн.
3. 27-нэ статьям:
1) 1-1-нэ Iыхьэм и 4-нэ пунктым хэт «гражданствэ» псалъэм къыкIэлъыкIуэу «(подданствэ)» жиIэу дэщIыгъужын;
2) 3-нэ Iыхьэм хэт «и къулыкъур щхьэщах» псалъэхэр хэгъэкIын, «хахахэм ящыщу» псалъэхэр зэхъуэкIын «ягъэува бжыгъэм щыщу» жиIэу.
4. 31-нэ статьям 1-1-нэ Iыхьэ дэщIыгъужын мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу иту:
«1-1. Уполномоченнэм и полномочиехэр нэхъ пасэу щхьэщыхыным теухуа унафэр Федеральнэ законым къызэригъэувым хуэдэу къащтэ. Уполномоченнэм и полномочиехэр нэхъ пасэу щхьэщыхынымкIэ хабзэ лъабжьэ зэрыщыIэм теухуа информацэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыщыIэрыхьам щегъэжьауэ махуэ 30 нэхъыбэ дэмыкIыу, апхуэдэ информацэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым сессиехэм я зэхуакум хиубыдэу къыIэрыхьамэ-апхуэдэ информацэ къыщыIэрыхьам щегъэжьауэ мазищ нэхъыбэ дэмыкIыу.».
2 статья
Мы Законым къару егъуэт официальнэу къыщытрадзам щегъэжьауэ махуипщI дэкIа нэужь.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Кахбек
Налшык къалэ
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м
№58-РЗ

 

Поделиться: