Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэмрэ зэпымыууэ щыпсэуахэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыпIэхэм къикIахэм икIи пIащIэгъуэкIэ гуп зэрыIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэпымыууэ щыпсэуну къэкIуахэм унагъуэ хьэпшыпхэр къащэхун папщIэ ират ахъшэ дэIэпыкъуныгъэм, къэрал псэупIэ сертификатхэм япкъ иткIэ псэупIэ къызэращэхун социальнэ ахъшэ зэрыратым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
 2022 гъэм          щэкIуэгъуэм и 25-м
          Налшык къалэ          № 246-ПП 

«Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэхэмрэ зэпымыууэ щыпсэухэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыпIэхэм къикIахэр икIи и пIащIэгъуэкIэ гуп зэрыIыгъыу нэгъуэщI щIыналъэхэм къэкIуахэр я пIэ игъэзэгъэным теухуауэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №1876-м ипкъ иткIэ, Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэмрэ зэпымыууэ щыпсэуахэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыналъэхэм къикIахэм икIи пIащIэгъуэкIэ гуп зэрыIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмм зэпымыууэ щыпсэуну къэкIуахэм ядэIэпыкъун мурадкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэмрэ (Урысей Федерацэм и Правительствэм 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №3099-мкIэ къищта спискэм Херсон областым и жылагъуэу хиубыдэхэм) зэпымыууэ щыпсэуахэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыпIэхэм къикIахэм икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэпымыууэ щыпсэуну къэкIуахэм мы къыкIэлъыкIуэ дэIэпыкъуныгъэхэр ират:
къэрал псэупIэ сертификатым ипкъ иткIэ псэупIэ къызэращэхун социальнэ ахъшэ хухах;
унагъуэ хьэпшыпхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ дэтхэнэ зы цIыхуми хуэзэу зэ тыгъуэу сом 100000 (минищэ) хухах.
2. Къэщтэн мы унафэм щIыгъухэу:
Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэмрэ зэпымыууэ щыпсэуахэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыпIэхэм къикIахэм икIи пIащIэгъуэкIэ гуп зэрыIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэпымыууэ щыпсэуну къэкIуахэм къэрал псэупIэ сертификатхэм япкъ иткIэ псэупIэ къызэращэхун социальнэ ахъшэ зэрырат щIыкIэмрэ хабзэмрэ теухуа Положенэр;
Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэмрэ зэпымыууэ щыпсэуахэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыпIэхэм къикIахэм икIи пIащIэгъуэкIэ гур зэрыIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэпымыууэ щыпсэуну къэкIуахэм унагъуэ хьэпшыпхэр къащэхун папщIэ ахъшэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат щIыкIэмрэ хабзэмрэ теухуа Положенэр.
3. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь М.А.,

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий

 

Поделиться: