Сабийхэм егуапэу

«Полицей Уае Дадэ» къэралпсо псапащIэ Iуэхум ипкъ иткIэ Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр Жылагъуэ советым и лIыкIуэр ящIыгъуу щыIащ щытыкIэ гугъум къихута сабийхэм я деж. Полицейхэм Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ ящIыгъуу унагъуэ 12 къызэхакIухьащ. 

 Щызэпсалъэм полицэм и лэжьакIуэхэм зыхуэзахэм ягу къагъэкIыжащ хабзэм тетын зэрыхуейр, къемызэгъ зылэжьым жэуап зэрихьыр, цIыху зэхуэсыпIэхэм екIуу зэрызыщыIыгъыпхъэр. 
НыбжьыщIэхэр хьэщIэхэм ядэгуэшащ я ехъулIэныгъэхэмрэ хъуэпсапIэхэмкIэ.
Адэ-анэхэм полицейхэм я гулъытэм папщIэ фIыщIэ хуащIащ, къыхагъэщащ апхуэдэ зэIущIэхэр я сабийхэм дежкIэ сэбэп зэрыхъур. 
 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: