Аслъэнджэрий и IэдакъэщIэкIхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Живопись, взгляд в прошлое» выставкэр. Ар къызэрагъэпэщащсурэтыщI Уянаев Аслъэнджэрий и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ. 

Художникыр республикэм щып­сэу­хэм зэрахуэупсэ и гъэлъэгъуэныгъэм къы­зэщIеубыдэ и лэжьыгъэ пщIы бжыгъэхэр. Абыхэм яхэтщ пхъэм, Iуданэм, ­нэ­гъуэщIхэми къыхищIыкIа су­рэт гъэщIэ­гъуэнхэр. 
Уянаев Аслъэнджэрий 1962 гъэм ды­гъэгъазэм и 26-м Налшык къыщалъ­хуащ. КъБКъУ-м и инженер-ухуэныгъэ фа­культетым архитектор IэщIагъэр щы­зэригъэгъуэтащ. 1985 гъэм Ленинград кIуэри, иджырей сурэтыщI гъуазджэм зыщигъэгъуэзащ, икIэм-икIэжым аращ IэщIагъэ хуэхъуари. Урысейм къищы­нэ­мыщIауэ, абы и лэжьыгъэхэр щагъэ­лъэгъуащ хамэ къэралхэми. Мы зэманым ар щыпсэури щылажьэри ди республикэращ. 
СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм щыщ Урыс къэрал музейм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Санкт-Петербург, нэ­гъуэщI къалэхэм щыIэ музейхэм, цIыху щхьэ­хуэхэм я гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. 
Художникым и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт хьэлэмэтхэм зыщывгъэгъуазэфы­-нущ щIы­шылэм и кIэ пщIондэ. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: