Зи унагъуэр насып кIуапIэ хъунСабий кIэщIущым гъащIэм хэзагъэ, абы ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьэ цIыху хъарзынэ, IэщIагъэлI нэс къищIыкI хабзэщ. ТIэкIу пхъашэIуэ хъуми, «Вы хъунур шкIэ щIыкIэ уощIэ» псалъэжьыр уигу къигъэкIыу. Нэгъэсауэ, балигъым игу къэмыкIын жыхуэпIэм хуэдиз зэригъэзахуэу сабийр щыщытым и деж, зы бэлыхьлажьэ къэхъун хуейщ абы нэгъуэщI гъуэгукIэ дичыхын папщIэ е, ди жагъуэ зэрыхъунщи, и Iуэхухэр къыдэзыIыгъын, щIэныгъэм гу хуезыгъэщIын имыIэххэну аращ. Насып иIэти, тIум хуэдэми пэIэщIэ хъуащ зи ныбжьыр илъэситху иримыкъуу курыт школым щIагъэтIысхьауэ щыта, Сэрмакъ къуажэм щыпсэу Лыджыдэ Хьэбил и унагъуэм къихъуа хъыджэбз цIыкIур… Сэрмакъ къуажэм и етIуанэ курыт еджапIэрат Марьям щIэныгъэм пэублэ хуэхъуар. Зыхэтым хэзагъэу, къыжраIэр игъэзащIэу, егъэджакIуэхэм я гукъанэ къимыхьу къиухащ абы школыр. Медколледжым и фельдшер-акушер къудамэм псэкIэ къыхиха лэжьыгъэм зыщыхигъэгъуазэри, еджапIэм ар игъэкIуащ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм и амбулаторэм. ИлъэситI-щыкIэ ар лэжьащ патронаж акушеркэу (сабий къалъхуагъащIэхэм я узыншагъэр къипщытэу). КъыкIэлъыкIуэ илъэс щэщIым ар фельдшеру щытащ. Иужьрей илъэс тIощIым нэблагъэм, пенсэм тIысыжыху, акушеркэу лэжьащ. ФIыуэ илъагъу IэнатIэхэм ар пэрытащ илъэс 51-кIэ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
28.04.2024 - 11:59 →
Пэрыт увыпIэр адэкIи иIыгъынущ
|