Къалэным хуэпэжхэр

КъБР-м щыIэ МВД-м щагъэлъэпIащ зыпэрыт IэнатIэм къыщыхэжаныкIа я лэжьа­кIуэ­хэр.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэ, по­лицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий КъБР-м щыIэ ­МВД-м и щIыхь тхылъхэр яритащ щытыкIэ хэхам иту зи къалэнхэр хьэлэлу езыхьэкIхэр. Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и ГИБДД-м и ДПС-м и взвод хэхам и инспектор, полицэм и капитан Гуэнгъэпщ Эльбрус, Урысей МВД-м Тэрч район къудамэм и ГИБДД-м и ДПС-м и взвод хэхам и инспектор нэхъыжь, полицэм и лейтенант нэхъыжь Бэв Мурат, Урысей МВД-м и «Прохладнэ» ­къудамэм и ГИБДД-м и ДПС-м и взвод хэхам и инспектор, полицэм и лейтенант нэхъыжь Чельдиев Эльбрусрэ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и ГИБДД-м и ДПС-м и ­ротэ щхьэхуэм и инспектор, по­лицэм и лейтенант Шагъырбей Тимуррэ. 
Павлов Василий гулъытэ зы­хуащIа я лэжьакIуэхэм ехъуэ­хъуащ, я унагъуэкIэ зэIузэпэщу псэуну, къулыкъум адэкIи ехъу­лIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэну зэригуапэр жиIащ. 
- Фэ щIыхь пылъу зэфIывох къыфхуагъэува пщэрылъхэр. Нобэ къыфIэрыхьа дамыгъэр къэвлэжьащ, ар фи къалэн мы­тыншым фызэрыпэлъэщыр къэзыгъэлъагъуэщ, - къыхигъэщащ министрым.
Павлов Василий фIыщIэ псалъэ хэхахэр яхужиIащ я лэ­жьа­кIуэхэм я адэ-анэхэм, апхуэдэ щIалэхэр зэрагъэсам папщIэ. 

 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: