Дыгъэмыхъуэ лъэмыжыр зэрагъэпэщыж![]() «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) ипкъ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм деж Дыгъэмыхъуэрэ Хьэрэкхъуэрэрэ зэрипхыу Бахъсэныпсым телъ лъэмыжыр трахыу щIэрыщIэу тралъхьэжыну гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ. КъуажэщIымрэ адрыщIымрэ зэпызыщIэ лъэмыжыр жылэр къыщытIысым япэ дыдэу ящIа ухуэныгъэхэм ящыщщ. Илъэс щитIым нэблэгъа лъэмыжыр абы лъандэрэ мызэ-мытIэу зэрахъуэкIащ, трахыпэу щIэуэ щытралъхьэжаи къыхэкIащ. Иджы телъыр зэращIрэ илъэс щэ ныкъуэм щхьэдох, ауэ абы зэремылэжьрэ, зэрызэрамыгъэпэщыжрэ куэд щIащ. Иужьрей дыдэу гъуэгуухуэхэр абы щеIусар I980 гъэхэрщ. Абы къыхэкIыу жьы хъуа лъэмыжыр трахыпэну, и лъабжьэр ягъэжу ибгъухэр гъуэгущхьэIухэм къыхагъэхьэжыну траухуащ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





