«Российская газета»-м и дзэ корреспондент Аносов Владимир триха сурэтхэр щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым. «Донбасс-2022» выставкэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м и прокуратурэмрэ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
Аносов Владимир триха сурэтхэр теухуащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам.
- Мы сурэтхэр зэманым поджэж, щIэупщIэ зэраIэнуми шэч хэлъкым. Гъэлъэгъуэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэр Украинэм къыщыхъухэм я пэжыпIэм республикэм, зэрыщыту къэралым, щыпсэухэр щыгъэгъуэзэнырщ, - жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. - Дзэ корреспондентхэмрэ журналистхэмрэ я сурэтхэмрэ тхыгъэхэмкIэ ди деж къахьэс дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэм я пэжыпIэр. Аносов Владимир фIыщIэ хуэфащэщ и лэжьыгъэхэм деплъыну Iэмал къызэрыдитам папщIэ. Ар Хэкур фIыуэ зылъагъу, абы хуэпэж лIыхъужь нэсщ. Урысейр захуэщи, текIуэныгъэр къызэрытхьынум шэч хэлъкъым.
Республикэм и прокурор Хабаров Николай гъэлъэгъуэныгъэм зэрырагъэблэгъам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ Аносов Владимир Донбассым щекIуэкI Iуэхухэм и курыкупсэм зэрыхэтар, апхуэдэу Донецк, Луганск республикэхэм щыпсэу цIыхухэм я псэукIэри а сурэтхэм къызэрищыр.
- Украинэм щекIуэкI гузэвэгъуэм зи щхьэ къыхэзыхыу ди республикэм къакIуэхэми абы щыIэ ди щIалэхэми тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъуну ди къалэнщ. Мамыру зи хэку исыжу щыта цIыхухэм лъэпкъгъэкIуэдыр гущIэгъуншэу къызэрыхуагъакIуэр ди нэгу щIокI. Выставкэм щIалэгъуалэ куэд къекIуэлIащ. Ар щIыжысIэращи, Донецк, Луганск республикэхэм я къуажэхэмрэ къалэхэмрэ щхьэхуит къэзыщIыж лIыхъужьхэм я сурэтхэр и щыхьэтщ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр абыхэм зыхащIэнымкIэ. Нэхъыщхьэр фашиз-
мэм пэщIэтхэм дазэрыкъуэтырщ, мамырыгъэм дызэрырителъхьэрщ, - къыхигъэщащ Хабаровым.
КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэнрэ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэтрэ я псалъэм къыхагъэщащ цIыхубэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, я дежкIэ выставкэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи Аносовым фIыщIэ хуащIащ.
«Российская газета»-м и обозреватель Пешков Никитэ къытеувыIащ дзэ корреспондентхэм я лэжьыгъэм и мыхьэнэм, Аносовым езыр-езыру гупыж ищIу, зэрышынагъуэми емылъытауэ, лъэIу тхылъ итхыу Донбассым зэрыкIуар.
Аносов Владимир кърихьэлIахэр и лэжьыгъэхэм хигъэгъуэзащ, дэтхэнэ зы сурэтми и тхыдэм тепсэлъыхьу. Абы жиIащ Украинэм щытриха сурэт псори выставкэм зэрыхамыгъэхьар, ахэр куэдкIэ зэрынэхъыбэр икIи фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэм.
Лу Азэмэт зи лIыкIуэ министерствэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъ Аносовым иритащ, и лэжьыгъэм папщIэ фIыщIэ хуищIу. Аносов Владимири «Российская газета» IуэхущIапIэм и «Родина» журналым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зы республикэм тыгъэ къыхуищIащ.
Выставкэр щIышылэм и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ. Апхуэдэу мы зэманым ар щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, Май къалэм и Тхыдэ-лъахэхутэ музейм. Гъэлъэгъуэныгъэр нэхъапэIуэкIэ щекIуэкIащ Москва, Санкт-Петербург, Сочэ, Ставрополь къалэхэм.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.