Бэшэчагъымрэ гупсысэмрэ зрагъэужь

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм ще­кIуэ­кIащ шахматымкIэ зэпеуэ. Абы хэтащ щIыналъэ управ­ленэм и IэнатIэхэм я лэ­жьа­кIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэ­хэмрэ.

Командэ зэпеуэм щыте­кIуащ ведомствэм щIэмыт ­хъумакIуэ IэнатIэм и гупыр.ЩIыналъэ управленэм ейр етI­уанэ хъуащ. Домбеякъыр лъысащ ОМОН-м и командэм. 
Турнирым и щхьэзакъуэ зэ­пеуэм щытекIуащ Урысей гвардием Налшык къалэмкIэ ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэ, по­лицэм и старшина КIэфо Мурат.
- Шахматым зрегъэужь гуп­сысэм, бэшэчыгъэм, наб­дзэгубдзаплъагъэм, ипэкIэ у­кIуэным, - къыхигъэщащ щIыналъэ IэнатIэм Iэпкълъэпкъыр псыхьынымрэ спортымкIэ и унафэщI, капитан Нэгъуей Аскэр. 
 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: