БлэкIар тщыгъупщэ хъунукъым

ЩIышылэм и 20-м Кэнжэ къуажэм щагъэлъэгъуащ «Рос­сия I» телеканалым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Къэзанш Людмилэ и жэрдэмкIэ 2021 гъэм траха «Шоколадымрэ фашизмэмрэ» («Про шоколад и обыкновенный фашизм») документальнэ фильмыр. 

ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа Iуэхугъуэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужу щIыналъэр хуит зэрыхъужрэ илъэс 80 зэрырикъуам ирырагъэхьэлIат.
Бий гущIэгъуншэм ди лъахэм щызэрихьа лейм, кърина ­гуауэм, совет зауэлIхэмрэ къызэрыгуэкI цIыхухэмрэ лIыгъэ ин яхэлъу фашистхэм зэрапэщIэтам теухуа фильмым уеплъыну тынштэкъым, зауэм и лъэужь гуIэгъуэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр, а зэманым траха сурэтхэр, кинохэм щыщ пычы­гъуэхэр и лъабжьэти.
Кэнжэ къуажэм щытраха Iыхьэм хыхьащ зауэ зэманым зи сабиигъуэр хиубыдахэм я гукъэкIыжхэр, Космодемьянская Зое нобэ хуагъадэ, комсомолым хэта Блэныхь Лолэ и лэжьыгъэм, зэрихьа лIыхъужьыгъэм, ар нэмыцэхэм зэраIэщIэкIуэдам ­теухуа пычыгъуэхэр. Лолэ и ролыр игъэзэщIащ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэ, М. Горькэм и цIэр зезыхьэ Урыс драмэ театрым и актрисэ Къуэныкъуей Залинэ, абы и гъусэу ­фильмым хэтщ къуажэдэсхэри.
Хэку зауэшхуэм совет цIыхухэм щызэрахьа лIыгъэм, ха­хуагъэм ятеухуа мы фильмым ди зэманым мыхьэнэшхуэ иIэщ - нобэрей щIэблэр абы къыхуреджэ лIыгъэ зыхэлъхьэным, хэкур фIыуэ лъагъуным, ар хъумэным хуэхьэзыру къэхъуным.
ЩэнхабзэмкIэ унэм къеблэгъат зауэм, лэжьыгъэм я ветеранхэр, Кэнжэ къуажэ администрацэм и унафэщIхэр, лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэу, фильмым еплъыну кърихьэлIат жылэм дэт курыт еджапIэ №20-м щIэс ныбжьыщIэхэр, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №2-м и кадет­хэр.
ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы фильмыр гъэхьэзырыным елэжьахэу ар щагъэлъагъуэм ­кърихьэлIащ Къэзанш Людмилэ, Котляровэ Марие, Иуаз Мухьэ­мэд, Къэзанш Валерэ сымэ.
Къэзанш Людмилэ и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ филь­мыр щIытрихам и щхьэусыгъуэмрэ абы зэрелэжьа щIыкIэмрэ.
«Урысейм и зауэлIхэм я зэкъуэшыныгъэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм хэтхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъа Габоев Хьэзрэталий щIэблэр гъэсэнымкIэ фильмым мыхьэнэ ин зэриIэм и гугъу ищIащ, щIалэгъуалэм езыхэр щIэх-щIэхыурэ зэрахуэзэр, мы фильмыр цIыху нэхъыбэ егъэплъы­ным я зэгухьэныгъэр зэрыхущIэкъунури къыхигъэщащ.
Зауэм хэкIуэдахэр пIащIэу щыщIалъхьар ноби къызэралъы­хъуэм, ахэр куэду къызэрагъуэтым, лIыхъужьхэм я цIэ-унэцIэхэр зэфIэгъэувэжыным теухуа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым, абыхэм зэрытетхыхьым тепсэлъыхьащ Котляровэ Марие.
Фильмым апхуэдэу еплъыну къэкIуахэт IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылажьэхэу Арахъэ Анзор, Хьэщэ Къанщобий, Iэхъуэбэч Илья, Балэ Люсэ, Амщокъуэ Светланэ сымэ.
 

БАЛЭ Людмилэ.
Поделиться: