Мазаем и 23-р Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэщ

«Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр» илъэс къэс мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым. Махуэшхуэр РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым 1922 гъэм щIышылэм и 27-м иубзыхуауэ щытащ, Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс еплIанэ щрикъум ирихьэлIэу. Нэхъапэ ар ягъэлъапIэу щытащ «Дзэ Плъыжьым и махуэу», 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ - «Совет Армэм и махуэщ», 1949 - 1992 гъэхэм «Совет Армэмрэ Дзэ-тенджыз флотымрэ я махуэщ». Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, СНГ-м хэт къэралхэм махуэшхуэр ягъэлъэпIэныр зэпагъэуакъым.

Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр къызэрыунэхуам тхыдэ ин къыдокIуэкI. 1923 гъэм Iэтауэ ягъэлъапIэрт лэжьакIуэбэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я Дзэ Плъыжьыр къызэрыунэхурэ илъэси 5 зэрырикъур. Тхыдэдж Миронов Борис къызэрилъытэмкIэ, абы щыгъуэщ махуэшхуэм и мыхьэнэр нэхъ наIуэ хъун щыщIидзар икIи 1923 гъэм щIышылэм и 18-м ВЦИК-м и Президиумым къыдигъэкIа унафэм япэу къыщыхагъэщащ Дзэ Плъыжьыр мазаем и 23-м къызэрагъэпэщауэ.

А Iуэхур ягъэлъэпIэным щхьэусыгъуэ хуэхъуам теухуауэ Троцкий Лев 1923 гъэм мазаем и 5-м Республикэм и дзэ советым и унафэIэ зыщIидзам, мыпхуэдэу къыщыгъэлъэгъуащ: «I9I8 гъэм мазаем и 23-м бийр къазэрыпэщIэувам къыхэкIыу, цIыхубэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я властым къыхилъхьащ IэщэкIэ зэщIэузэда къару Iэмал имыIэу къызэгъэпэщын хуейуэ». А илъэс дыдэм «Военная мысль и революция» журналым и къыдэкIыгъуэм къытридзащ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIа зэхэуэхэм хэтын папщIэ зэщIагъэуIуа Дзэ Плъыжьым и езанэ частыр мазаем и 23-м зэхагъэхьауэ зэрыщытам теухуа тхыгъэр. Ахэр щыхьэт тохъуэ Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр ягъэлъэпIэныр мазаем и 23-м щIытрагъэхуам.

Нобэ Урысейм мазаем и 23-р цIыхухъу псоми я махуэшхуэу къалъытэ, унагъуэхэми къэрал къулыкъущIапIэхэми щагъэлъапIэу. А махуэм йохъуэхъу цIыхубзхэми - Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ дзэм къулыкъу щызыщIэ бзылъхугъэхэмрэ. Къэралым и щыхьэрым нэхъыщхьэ дыдэу а махуэм щекIуэкI Iуэхухэм ящыщщ Кремлым деж зэрыщызэхуэсымрэ ЯмыцIыху зауэлIым и кхъащхьэм удз гъэгъахэр зэрытралъхьэмрэ. Апхуэдэуи Урысейм и Президентыр, Федеральнэ Зэхуэсым и палатитIми я Iэтащхьэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр, члисэм и лэжьакIуэхэр йокIуалIэ Александровскэ жыг хадэм зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ щахуощыгъуэ, цIыхухэр йоплъ пщIэ зиIэ къэрэгъулым и гупым а махуэм и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI маршым.

Къэбэрдей-Балъкъэрми Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIэ. Абы теухуа Iуэхухэм щыщIадзэ Налшык къалэм щыIэ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых», Совет Союзым и ЛIыхъужьхэмрэ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэщахэмрэ я фэеплъхэм. ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щагъэлъапIэ зэхыхьэхэр щокIуэкI республикэм и район псоми.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: