Франкенштейн![]() Инджылыз тхакIуэ Шелли Мэри итха «Франкенштейн, или Современный Прометей» романыр 1818 гъэм къыдэкIауэ щытащ. Тхылъыр итхыным пэщIэдзэ хуэхъуащ нэмыцэ быдапIэм теухуа хъыбархэр. И лIыхъужь нэхъыщхьэми а быдапIэм и цIэр иритыжащ. Шелли Мэри и фIыгъэкIэ дуней псом къыщацIыхуа быдапIэр Германием, Дармштадт къалэм, щыIэщ, Оденвальд-кIэ зэджэ бгыхэм и зы щхьэщыгум тетщ. И фIэщыгъэр зэбдзэкIмэ, «франкхэм я мывэ» жиIэу къокI. Илъэс мини 2 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, а щIыпIэм деж урымхэм я мывэ къыщIэхыпIэ щыIащ. Нэхъ иужькIэ а щIыпIэм франкхэр щитIысыкIащ. Зэман дэкIщ, абдеж иIа шахтэр ябгынэжри, абы пэмыжыжьэу, фон Бройберг и лIыхъусэжьхэр щытIысащ. ИужькIэ абыхэм Франкенштейныр унэцIэу къащтащ.
Поделиться:
Читать также:
10.12.2023 - 11:23 →
МашинэщIэхэр иратащ
08.12.2023 - 14:23 →
ФIагъым и пщалъэхэм хуокIуэ
08.12.2023 - 13:19 →
Хьэрычэт щIэным хэлъ гугъуехьхэр
08.12.2023 - 13:09 →
Лотерее джэгухэм я гуащIэгъуэм
07.12.2023 - 16:30 →
IэфIу, къэуату щIакхъуэ
|