Каир и нэхъ къулейсыз дыдэхэр щыпсэу хьэблэм къыщагъуэтыжащ пасэрей дунеижьыр зыгъэгызрэ, джатэдэпщхэм я нэхъ гущIэгъуншэу Рамзес ЕтIуанэ фирхьэуным и фэеплъ домбейр. Нэмыцэ-мысыр археологхэм къызэралъытэмкIэ, мы къэхутэныгъэм нэхъ телъыджэ ирихьэлъакъым алъандэрэ.
Метрий зи лъагагъ мывэ сыным тонни 4 и хьэлъагъщ, илъэс 3200-рэ и ныбжьщ, абы археологхэр йолэжь, зыхуей хуагъазэрэ, къутахуэхэр зэгуагъэпщIэжмэ, Каир и музейм щагъэлъэгъуэну траухуащ.
Пасэрей Гелиополь къалэшхуэр здэщыта щIыпIэм иджыпсту щопсэу Каир нэхъ хуэмыщIа дыдэу дэсхэр. Абдеж ухуэныгъэ щрагъэкIуэкIыу, псыр къызэпхивыху щIыр иратIыхауэ, лэжьакIуэхэм къагъуэтат къызэрыгуэкI мывэхэм емыщхь, къутахуэ домбейхэр. ПсынщIэ дыдэу а щIыпIэм къэсащ щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр, арехологхэр, икIи къахутащ пасэрей мысырхэм я фIэщхъуныгъэм нэхъыщхьэ дыдэу къыхэщыж Тхьэ Дыгъэу Ра и цIэкIэ яухуауэ щыта къалэ телъыджэу ямыгъуэтыжыр зэрымыщIэххэкIэ къызэрыщIатIыкIыжар.
НэхъапэIуэкIэ, 2006 гъэм а щIыпIэм и Iэхэлъахэм къыщагъуэтат тхьэунэ гуэрым и къутахуэхэр, фэеплъхэр. ГъэщIэгъуэныракъэ, абыхэм тедзар фирхьэун Рамзес ЕтIуанэм и сурэтырт, ауэ щIэныгъэлIхэм я гугъакъым ар ямыгъуэтыж Гелиополыр арауэ.
«Ар гъэщIэгъуэныщэщ… Хъыбарыжьхэм къахэщыж пасэрей цивилизацэр Мысырым и хьэблэ нэхъ мыхьэнэншэ дыдэм и лъабжьэм щIэлъщ, Рамзес ЕтIуанэм и фэеплъыр тхьэмыщкIэм я нэхъ тхьэмыщкIэ дыдэм и унэ лъабжьэм къыщагъуэтыжащ», - жеIэ археолог гупым я нэхъыщхьэ, Лейпциг университетым и лэжьакIуэ Рауе Дитрих.
Рауе и гупым япэ щIыкIэ къыщIахащ фэеплъым и пкъымрэ и щхьэмрэ. Ар зэгуэудат, сыныр ягъэджалэу зэпкърыхуа нэхъей. А къутахуэхэм тращIыхьри, щIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ сыным метри 8-9 и лъагагъыу. Кварцитым къыхэщIыкIа фэеплъыр IэкIуэлъакIуэ дыдэу ягъэзэщIащ, илъэс мини 3,2-кIэ псым хэлъу щIы лъабжьэм щIэлъами щIэлъами, хъумащ, икIи алъандэрэ археологием илъэгъуа IэдакъэщIэкIхэм я нэхъ телъыджэу жыпIэ хъунущ.
«Си щхьэкIэ сропагэ мы къэхутэныгъэм. Шэч гуэрхэри хэлъщ, арами, дызэдэарэзыщ мы фэеплъыр Рамзес ЕтIуанэм зэрыхуащIамкIэ. Нэхъ куууэ дджымэ, убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ. Ди Iуэхур кIыхьлъыхь ящIыну къысщохъу Каир щекIуэкI ухуэныгъэхэм. Сыту жыпIэмэ, къэхутэныгъэхэр хуиту пыпщэнкIэ Iэмал имыIэу уэрам Iэзэв-лъэзэвхэм дыщолажьэ, археологием щхьэкIэ унафэщIхэм унэхэр зэи ирахынукъым», - жеIэ египтолог Ашмави Айман.