Иджы щIыр кIуэцIрощэт

ЗэгурымыIуэныгъэмрэ зэныкъуэкъумрэ пщызыгъэгъупщэ нэщIэбжьэ къыщыхъуащ Тыркум. Дуней псор щыхьэт техъуащ щIыуэпсыр дэ нэхърэ куэдкIэ зэрынэхъ лъэщым, цIыху цIыкIур зэрымахэм. ЩIыхъейр мыужьыхауэ, къытрегъазэ, мин бжыгъэкIэ абы ихьа гъащIэм къыхигъахъуэу. ЩIэныгъэлIхэр хуэхьэзырщ щIыхъейм кърикIуэнкIэ хъуну псыдзэм, ауэ сыт епщIэнур щIыпIэ-щIыпIэкIэ Тыркум и щIыр зэрыщыпхыщэтым?

Иджыблагъэ Тыркум къыщыунэхуащ къызыхэкIари зищIысри къахуэмыщIэ къэхъугъэщIэ - абрэмывэ хъурей уафэм къехуэхыу, щIыр къриудам хуэдэу, кумбу кIуэцIрощэт. Тыркухэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар цIыху мин 45-м нэс зыхэкIуэда щIыхъейм зыкIи епхакъым, сыту жыпIэмэ, абы ипэIуэкIи ялъэгъуащ апхуэдэ кумб зыбжанэ.

Конья щIыналъэм иджыблагъэ къыщыунэхуа кумбым метри I00 и бгъуагъщ, метр 15 и куууагъщ. Апхуэдэ дыдэхэр Чили къэралыгъуэми щыIэу жаIэ. Ауэ абы фIамыщI, щIы лъабжьэм щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщыщIахыурэ, бгъуэнщIагъыу щIатIыкIа щIыпIэхэр щыпхырыщэту аращ. Апхуэдэу, Lundin Mining компанием иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм иужькIэ, 2022 гъэм Чили къыщыунэхуауэ щытащ метр 200 зи бгъуагъ, метр 36-рэ зи куууагъ кумбыр. Ар щIыкIэ бгъэнщIыжу, щIы щхьэфэр захуэ пщIыжын папщIэ мылъкушхуэ текIуэдэнущ, Lundin Mining IуэхущIапIэм доллар мелуани 10 къыхуагъэлъэгъуакIэщ. Ар гурыIуэгъуэщ, Чилим и Iуэхур щхьэхуэщ. Ауэ Тыркум и кумбхэр дэнэ къикIами, сытым и Iэужьми зэкIэ къахуэщIакъым.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: