Фэеплъхэм я нэIэ тетщ

ЩIыналъэм щыпащэ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я фэеплъыр хъумэным хуэгъэза «На страже памяти» акцэм. 
Урысей гвардием Налшык къалэм щиIэ ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм зыхуей щыхуагъэзащ «Слава героям 1941 – 1945 гг.» фэеплъыр, абы къегъэщIылIа щIыпIэр зэщIакъуащ.
- Зауэ илъэсхэм и гугъуехьхэр зыгъэва, зи гъащIэр цIыхубэ щхьэхуитыныгъэм щIэзыта ди нэхъыжьхэм зэрахьэ лIыгъэр тщIэн икIи тхъумэн хуейщ. Хэку зауэшхуэм пхыкIахэм ди Хэкум и тхыдэм увыпIэ хэха щаубыд. Зи блэкIар зымыщIэжым къэкIуэн иIэкъым, - къыхигъэщащ акцэм хэта Джыназ Ислъам. 
 

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: