И нэIэм щIэт щIыналъэхэм ялъогъуазэ

КIуэкIуэ Казбек мы махухэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ ­Херсон областым хыхьэ щIыпIэхэм ящыщу ди республикэм и нэIэм щIэтхэм. Ар яхуэзащ Скадовск, Голопристанск, Каланчак дзэ-граждан щIыпIэ адми­нистрацэхэм я Iэтащхьэхэу Швайко ­Сергей, Недялков Геннадий, Мустиянович Пётр сымэ. 

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ нэхъапэIуэкIэ зэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ щIыпIэхэм зегъэу­жьыным, гуманитар дэIэпыкъуныгъэ еты­ным, Къэбэрдей-Балъкъэрым и санато­рэхэм а щIыналъэхэм ящыщ сабийхэм зыщегъэгъэпсэхуным епха Iуэхухэм адэ­кIэ къызэрыпащэну щIыкIэхэм. Нэгъабэ зэфIагъэкIа апхуэдэ Iуэхугъуэхэми щы­хэплъэжащ зэхуэсым. Къэбгъэлъагъуэмэ, Скадовск къалэм зэпэщ щащIыжащ фэтэр 24-рэ хъу псэупIэ унэшхуэр, «Колокольчик» гъэсапIэм и унащхьэр зэра­хъуэкIащ, Каланчакскэ жылэм дэт курыт школ №1-р зэрагъэпэщыжащ. А жылэхэм, апхуэдэуи Антоновкэ къуажэм щызэрагъэпэщыжащ сабий джэгупIэхэр, Ново­николаевкэми мыгувэу щаухынущ апхуэ­дэ лэжьыгъэ щхьэпэр. 
А щIыпIэхэм щыпсэухэм 2022 гъэм и бадзэуэгъуэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу яIэ­ры­хьащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ зэмы­лIэужьыгъуэхэр: ерыскъыпхъэхэр, псэу­ныгъэм къыщагъэсэбэп хьэпшыпхэр, псы, медицинэ Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщI­хэри. Социальнэ IуэхущIапIэхэм папщIэ щIыпIэм яшащ ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэхэр, компьютерхэр, еджэным къыщагъэсэбэп школ хьэпшыпхэр, сабийхэм папщIэ саугъэтхэр зэрылъ хъуржынхэр. 
КIуэкIуэ Казбек щыIащ Каланчак дэт школым икIи зригъэлъэгъуащ ухуэныгъэ-зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр абы зэ­рыщрагъэкIуэкIар. Республикэм и Iэтащхьэм КъБР-м и Правительствэм къалэн щищIащ еджапIэм и спорт залышхуэмрэ зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIымрэ зыхуей-зы­хуэныкъуэ псомкIи къызэригъэпэщыну. Скадовск, Голопристанскэ, Каланчак жы­лэхэм я дзэ-граждан щIыпIэ админист­рацэхэм я Iэтащхьэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым, абы и цIыхухэм фIыщIэ псалъэ куэд къыхужаIащ, мыхьэнэшхуэ зиIэ социально-щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр, псэупIэ унэхэр зэрыхузэрагъэпэщыжам папщIэ, я сабийхэр республикэм къашэурэ абы и санаторэхэмрэ курортхэмрэ зэрызыщрагъэгъэпсэхум щхьэкIэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым адэкIи пищэнущ а щIыпIэхэм ядэIэпыкъуным. Мы илъэсым къриубыдэу зэрагъэпэщыжынущ Скадовск къалэм и Джарылгачскэ уэрамым кIуэцIрыкI псы зэрыкIуэ бжьамийр, абы дэт курыт школ №1-м и медицинэ пэшыр, Михайловкэ къуажэм дэт ­амбулаторэр. 
Республикэм и Iэтащхьэм апхуэдэу за­хуигъэзащ Скадовск къалэ сымаджэщ ­нэхъыщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ волонтёру щылажьэ анестезио­логхэм, реаниматологхэм. Апхуэдэ Iэ­щIагъэлIхэр зэримыIэм къыхэкIкIэ нэхъапэм абы нэсу щеIэзэфыртэкъым сымаджэхэми уIэгъэ хъуауэ кърашалIэхэми. Сымаджэщым и унафэщIым нэгъабэ ­зыкъыхуигъэзауэ щытащ КIуэкIуэ Казбек, IуэхущIапIэр зыхуэныкъуэ медицинэ лэ­жьакIуэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъу­-ну лъаIуэу. Апхуэдэ псалъэм пIалъэ къыхамыгъэкIыу пэджэжащ ди щIыналъэм и унафэщIхэри дохутырхэри икIи зэман кIэщIым къриубыдэу абы ягъэкIуащ сымаджэщыр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр. Иджыпсту абы лэжьыгъэр щрахьэкI ди республикэм щыщ дохутыр гуп ещанэм. Ахэр хуабжьу сэбэп яхуохъу сымаджэхэ­-ми уIэгъэхэми. Сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Руденкэ Константин фIыщIэ ин хуищIащ КIуэкIуэ Казбек а гулъытэм папщIэ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ республикэм икIа дохутырхэм Iэзагъышхуэ зэрабгъэдэлъыр. 
И зекIуэм и кIэухыу КъБР-м и Iэтащхьэр яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ Херсон областым СВО-м щыхэт ди зауэлIхэм. Фигу къэдгъэкIы­жынщи, КIуэкIуэ Казбек нэхъапэIуэкIэ ­яIущIащ апхуэдэ ди зауэлIхэу Запорожскэ областым къулы­къур щезыхьэкIхэм. 

Поделиться: