Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа информацэм и IуэхукIэ

Урысей Федерацэм и ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Кужонов Ж.А. къыхилъхьа информацэм хэплъауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Урысей Федерацэм и ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм 2022 гъэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым къыхилъхьа информацэр къэлъытэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2023 гъэм мазаем и 28-м

№673-П-П

Поделиться: