И чэзум дэIэпыкъуэгъу игъуэтащ

КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и батальон щхьэхуэм и плъыр частым жэщыр сыхьэти 3-м нэблэгъауэ псэлъа цIыхухъум хъыбар яригъэщIащ Налшык къалэм Мэлбахъуэм и уэрамым тет унэхэм ящыщ зым пэгъунэгъуу автомашинэ гуэр зэрыщытым икIи увыIэ имыIэу аварие сигнал къызэрыIум теухуауэ.

Хъыбарыр зыIэрагъэхьа, къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэу полицэм и лейтенант нэхъыжь Кумыщ Мухьэмэдрэ полицэм и лейтенант Тишкэ Муратрэ псынщIэу а щIыпIэм нэсащ. Автомашинэм и щхьэгъубжэм щыдэплъым, полицейхэм ялъэгъуащ абы и рулым дэсыр цIыхубзыр икIи ар икIэщIыпIэкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэри къагурыIуащ. Езыр-езыру зекIуэфыртэкъым, и тхыр узым иубыдати.

Хабзэхъумэхэм ар я машинэм ирагъэгъуалъхьэри, псынщIэу нагъэсащ щеIэзэ IуэхущIапIэм икIи Шэджэм къалэм щыпсэу, илъэс 29-рэ хъу цIыхубзым зыхуэныкъуэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ игъуэтащ. Дохутырхэм жаIащ абы тхы уз зэриIэр, къыхагъэщащ псынщIэу зэраIэрыхьам и фIыгъэкIэ ар зэман кIэщIым къызэрызэфIагъэувэжыфар.

Рулым дэс цIыхубзыр къызэрыхута щытыкIэм теухуа хъыбарыр къызыбгъэдэкIа, гудзакъэ зыхэлъ цIыхухъум къэхъуам и пэжыпIэр зригъащIэри, КъБР-м щыIэ МВД-м письмо игъэхьащ, Кумыщ Мухьэмэдрэ Тишкэ Муратрэ фIыщIэ яхуищIу.

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: