ЗауэлIхэм я Iыхьлыхэр ягъэгушхуэ

Псыгуэнсу къуажэм щыщу дзэм ираджэжауэ Украинэм ще­кIуэкI Iуэху хэхахэм хэт щIалэ­хэм я адэ-анэхэмрэ я щхьэгъу­сэхэмрэ папщIэ зэхыхьэ гуапэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ. Ахэр гулъытэкIэ, ахъшэкIэ гъэгушхуэныр зи жэрдэмыр а жы­лэм щыщ Хьэсанэ Русланщ. Псы­гуэнсудэс щIалэ 19 иджыпсту Украинэм щыIэщ. 

- Си жылэжьым сытым дежи срогушхуэ, абы къыдэкIахэм узэ­рамыгъэщIэхъунури си напщIэм телъщ. ФIыщIэ ин фхузощI ап­хуэдэ бын зыгъэса адэ-анэхэм, хэкум къыщхьэщыжу Украинэм щы­Iэ фи щIалэхэм яхэфлъхьа фIым папщIэ, - жиIащ Руслан зэ­IущIэм кърихьэлIахэм защыхуигъазэм. - Фэ къызэрыфтехьэ­лъэм хуэдэу дэри къыдохьэлъэкI жытIэмэ, пцIы дыупсыну къы­щIэкIынщ. АкъылкIэ дэ къыдгу­рыIуэ щхьэкIэ, кIуэцIкIэ зыхэ­зы­щIэр, шэч хэмылъу, адэ-анэхэращ. IэнатIэ гугъу езыхьэкI адыгэ щIалэхэм сахуохъуахъуэ ехъу­лIэныгъэрэ узыншагъэкIэ. Дэ ди къалэныр абыхэми фэри фи Iуэхур, зэрыхъукIэ, фщыдгъэп­сын­щIэну аращи, сыпсэуху сху­зэ­фIэкI къэзгъэнэнукъым. Нэхъ гъэу­нэхупIэ ин дыдэу гъащIэм къащыпэплъэр я нэгум щIокI иджыпсту ди щIалэхэм. IэпкълъэпкъкIи акъылкIи пэлъэщыну, зэрыдэкIам нэхърэ нэхъ къару хъуауэ, псыхьауэ къытхуэкIуэжу, абы и саулыкъукIэ мыбдеж джэгушхуэ щызэхэтшэжыну Тхьэм жиIэ! Си дежкIэ а щIалэхэр Урысейм и лIыхъужьщ, зы ордени медали хуэмейуэ. 
Црым зэщхьэгъусэхэу Замир­-рэ Лусэрэ адэ-анэ псоми къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуащIащ Хьэсанэм. «ПсалъэкIэ пхужы­мы­Iэ­ным хуэдизщ ди къуэхэмрэ дэрэ уэ къытхуэпщIэр, абы къарууэ къытхилъхьэр», - жаIащ абыхэм. 
Зигъэпсэхуну къэкIуэжауэ мы зэIущIэм кърихьэлIа Вэрокъуэ Рустам къэпсэлъапIэр хуит щы­хуащIам жиIащ я благъэ-Iыхь­лыхэм къыхуащI гулъытэм и мызакъуэу лъэпкъ псом я щIэгъэ­къуэн зэрыхуэныкъуэр, абы къару къазэрыхилъхьэр. Щхьэхуэу псалъэ гуапэ жриIащ Руслан, абы къыбгъэдэкIыу яIэрыхьа уа­зик-хантер машинэм папщIэ. Къы­хигъэщащ республикэм и унафэщIхэмрэ я къуажэгъухэм­-рэ я фIыгъэкIэ зыхуэныкъуэ щIагъуэ зэрыщымыIэр.   
Iуэхур къызэрежьэрэ куэдкIэ за­щIигъэкъуащ зауэлIхэм Хьэса­нэ Руслан. Псапэм щхьэкIэ, дэ­Iэпыкъуэгъу зыгуэркIэ хъумэ и гуа­пэу ищIэ Iуэхущи, кIыхьу утеп­сэлъыхьуи фIэфIкъым абы. Ар­щхьэкIэ зы мастэри гуапэщ жы­хуи­Iэращи, мащIэми-куэдми зи гукъы­дэжыр къиIэт цIыхухэм я гум ­щагъафIэ фIыщIэр бгъэкIуэд хъу­ну­къым. Апхуэдэ псапэ къы­зыхищIыкIын мылъкурэ ар адыгэ­лIым езыгъащIэ гу хьэлэ­лыгъэмрэ Руслан зэи щымыщIэну ди гуапэщ. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ Урысейм щIыхь зиIэ и гуп, «Псыгуэнсу» цIыхубэ къэфакIуэ ансамблымрэ уэрэджыIакIуэ Бекъул Аслъэнрэ. 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: