Гулъытэ хуащI

«Гъатхэпэм и 8-р - дэтхэнэ унэми» урысейпсо акцэм хиубыдэу Шэрэдж райо­ным и полицейхэр щыIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэда я лэжьэгъухэм я ­унагъуэхэм.

Урысей МВД-м Шэрэдж районым щиIэ къудамэм и унафэщIхэмрэ гупымрэ ­къабгъэдэкIыу цIыхубзхэм гъатхэпэм и 8 махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, мамырыгъэ, гуапагъэ, зэIузэпэщыгъэ, узыншагъэ быдэрэ гъащIэ кIыхьрэ яIэну зэрагуапэр къыхагъэщащ. ХэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэмрэ фызабэхэмрэ саугъэтхэр иратащ, яIэ гугъуехьхэр зрагъэщIащ. 
- Дэ сыт щыгъуи ди гум илъынущ ди ныбжьэгъухэр, ахэр иджыри ди сатырхэм хэт пэлъытэщ, - къыхагъэщащ полицейхэм. 
Гулъытэ къызэрыхуащIым, сыт щыгъуи я нэIэ къазэ­рытетым, зэрызыкъыщIа­гъакъуэм папщIэ езыхэми фIыщIэ хуащIащ къахуеблэгъахэм. 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: