ШколакIуэхэм папщIэ бжэ зэIуха«Урысей гвардием и махуэхэр» акцэм хыхьэу Ведомствэм щIэмыт Бахъсэн къудамэм и лэжьакIуэхэм Бжэ зэIухам и махуэ драгъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ школым и кадет классым щеджэхэм. НыбжьыщIэхэм зыщрагъэплъыхьащ я IуэхущIапIэм. Ирагъэлъэгъуащ я техникэмрэ къызэрызэрагъэпэщхэмрэ, лэжьакIуэхэм я къалэнхэр зэрырахьэкIыр. БэракъыщIэр ират Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэ зэгухьэныгъэу Владикавказ щыIэм и командирым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полковник Трубин Роман Дзэм и бэракъыщIэр иритащ гвардием Звезднэ жылэм щиIэ и частым и унафэщI Макаев Нурид. Я еджапIэхэм щагъэгъуазэ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и капитан Тхьэгъэлэдж Тимур Налшык къалэм и школ №18-м щеджэхэм яхутепсэлъыхьащ Санкт-Петербург, Новосибирск, Саратов, Пермь къалэхэм я IэнатIэм епхауэ щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщIэтIысхьэм. Лъы хуэныкъуэхэм зыщIагъакъуэ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ ягухьащ лъы тыным ехьэлIа «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» акцэр дэзыIыгъхэм икIи щIыналъэм лъыуэ щахъумэм литри 10-м щIигъу хагъэхъуащ, - къет IэнатIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
15.04.2024 - 12:25 →
Космонавтхэм я шхыныр щхьэхуэщ
|