Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ.
Налшык къалэ
2023 гъэм мазаем и 28-м
№567-П-П

«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2023 гъэм мазаем и 28-м

1-нэ статья
«Егъэджэныгъэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №23-РЗ-уэ 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 24-м къыдэкIам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
1. 4-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и 4-нэ пунктым «Зэрырагъаджэ тхылъхэм я экспертизэ» псалъэхэм ящIыгъужын «икIи абыхэм егъэщIылIауэ зэхалъхьа зэрырагъаджэ Iэмэпсымэхэр» псалъэхэр.
2. 6-нэ статьям :
1) 5-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн;
2) 5-1-нэ пунктым щIыгъужын:
«5.1) курыт щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт федерацэ программэ нэхъыщхьэхэр зэхэзылъхьэхэм яхэтыныр (щIыналъэ, лъэпкъ, щэнхабзэ щхьэхуэныгъэхэр къэлъытэным тещIыхьауэ);»;
3) 6-нэ пунктым «Зэрырагъаджэ тхылъхэм» псалъэхэм щащIыгъужын «икIи абыхэм егъэщIылIауэ зэхалъхьа зэрырагъаджэ Iэмэпсымэхэм я экспертизэр» псалъэхэр.
3. 8-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэр мыпхуэдэу тхын:
«2. Мы статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщагъэлъэгъуа организацэхэр щIыналъэ инновацэ утыкухэу къызэралъытэ щIыкIэр мы Федерацэ законым ипкъ иткIэ цIыхухэм зэхуэдэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IэнатIэм къэрал политикэрэ Iуэхухэр зэрызэрагъакIуэ хабзэхэмрэ зэхэлъхьэным икIи пхыгъэкIыным ехьэлIа къалэнхэр зи пщэ дэлъ гъэзэщIакIуэ властым и федерацэ органым зэрагурыIуам тету ар зи пщэ далъхьа органым егъэув.
4.  10-1-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм «пунктым» псалъэр «Iыхьэм» псалъэмкIэ зэхъуэкIын.
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм гъатхэпэм и 20-м
№4-РЗ

Поделиться: