Къэрал экономикэм и лъабжьэр къызэтещэхакъым

УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил гъэ къэс, хабзэ хъуауэ, Къэрал Думэм и депутатхэм я пащхьэ ирелъхьэ блэкIа илъэсым къриубыдэу къэралым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ игъуэта зыужьыныгъэмрэ къэ­кIуэнум тещIыхьа мурадхэмрэ къалэнхэмрэ къызыхэщ доклад. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  а къэпсэлъэныгъэм щыпэджэжащ и телеграм-каналым: 

«УФ-м и Правительствэм зригъэхъулIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ къэрал экономикэм и лъабжьэр быдэу, зэтемыщэхэжу къызэрынэфар, хамэ щIыналъэ куэдым а лъэныкъуэмкIэ щытыкIэ гу­гъум драгъэува пэтми. Дэ дыпэлъэщащ ахъшэр пуд зэрыхъуми, ерыскъыкIэ дыкъызэрызэгъэпэщам и гугъу пщIымэ, ари дуней псом нэхъ щызэпIэзэрыт унэтIыныгъэхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ. 
Правительствэм япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм хохьэ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэныр: дэIэпы­къуныгъэ ягъуэт бын зыпI унагъуэхэм, зи ныбжьыр хэкIуэтахэм, зеужь узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэмрэ егъэджэныгъэмрэ. Къыпащэ «Анэ мылъку» къэрал программэми. Зи ныбжьыр илъэси 8 - 17 хъу сабийхэр зыпI адэ-анэхэм мазэ къэс яIэрыхьэ ахъшэми хэхъуащ. Апхуэдэу нэхъыбэ хъуащ цIыхур псэун пап­щIэ Iэмалыншэу зыхуеину ягъэува ахъшэ бжыгъэри. Сабий зыгъуэт унагъуэхэм хухах зэ тыгъуэу ират ахъшэ хъарзынэ. ЖыпIэнурамэ, ди къэралыр щытыкIэ гугъум щит лъэхъэнэм унагъуэхэм, бын зыпI адэ-анэхэм дэIэпыкъуныгъэфI ягъуэт. 
 Ди къэралым и Президент Путин Владимир иригъэкIуэкI политикэм, УФ-м и Правительствэм зэфIих лэжьыгъэшхуэхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр  зэпIэзэрыту къызэтена къудейкъым, атIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. Ди республикэм щыдухуащ, къызыхуэтыншэу щызэдгъэпэщыжащ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, спортым епха IуэхущIапIэ куэд. Зыщаужь мэкъумэш IэнатIэм, промышленностым, турист Iуэхум, жыджэру щокIуэкI псэупIэ унэхэм, автомобиль гъуэгухэм я ухуэныгъэр, абыхэм къепха лэжьыгъэхэри дэщIыгъуу. А псоми я тегъэщIапIэ быдэщ щIыналъэм икI жэрдэмхэр Урысей Федерацэм и Правительствэм къызэрыддиIыгъыр. 
Ди республикэр хьэзырщ къэралым и Президентымрэ Правительствэмрэ къытхуагъэув къалэнхэр къызыхуэтыншэу гъэзэщIэным. А псори хуэунэтIащ ди цIыхухэм я псэукIэм и фIагъым хэпщIыкIыу хэгъэхъуэным». 

Поделиться: