Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Шатиловэ Иринэ Василий и пхъур Налшык суд районым и суд участкэ №12-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувыным теухуауэ

«Урысей Федерацэм и зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Шатиловэ Иринэ Василий и пхъур Налшык суд районым и суд участкэ №12-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувын а IэнатIэм зэрыпэрытыну зэманым пIалъэ имыIэу.

2. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI                              ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2023 гъэм гъатхэпэм и 23-м

№674-П-П

Поделиться: