Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытагъым хуэунэтIауэ зэфIэхыпхъэхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну зэзыгъэуIу штабым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм  2022 гъэм гъатхэпэм и 7-м къыдигъэкIа унафэ №21-РГ-мкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Къалэ А. Хь. - Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и къудамэм  - Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм и Лъэпкъ банкыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ);
Лу А. Хь. -  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ  и министрыр;
Тогузаев Т. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЛэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщIыр – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэгурыIуауэ);
б) Белецкая О. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министерствэм социально-экономикэ зэхъуэкIыныгъэхэмкIэ и департаментым и унафэщIыр»;
в) Езауэ А. Къ. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрыр»;
г) Къумахуэ А. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэрал антимонопольнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ Управленэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
д) IутIыж Ш. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Федеральнэ казначействэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр» (зэгурыIуауэ)»;
ж) зэзыгъэуIу штабым къыхэгъэкIыжын Балаев Р. Хь., Мэремкъул А. Н.
2. Мы унафэм къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ
КIУЭКIУЭ  Казбек

Налшык къалэ
2023 гъэм гъатхэпэм  и 31-м
№54-РГ

Поделиться: