Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

ФIэщыгъэ зимыIэ бгыхэм «КIыщокъуэ Алим», «Кулиев Къайсын», «Карим Мустай» я цIэхэр яфIэщыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыхилъхьам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым 2021 гъэм мазаем и 25-м къищта унафэ №286-П-П-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и  Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
ФIэщыгъэ зимыIэ бгыхэм  «КIыщокъуэ Алим», «Кулиев Къайсын», «Карим Мустай» цIэхэр яфIэщыным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къыхилъхьам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым 2021 гъэм мазаем и 25-м къищта унафэ №286-П-П-м и 1-нэ пунктыр мыпхуэдэу тхын:
«1. Къэлъытэн:
Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ градус 43-рэ 14,6-рэ къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ градус 43-рэ 01,2-р къызэщIиубыдэу икIи метр 3587-рэ и лъагагъыу Шэджэм Ипщэ къуажэм и щIыналъэм щыIэ бгым «КIыщокъуэ Алим» цIэр фIэщыным теухуауэ а жылагъуэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къищта унафэ №25-р;
«Кулиев Къайсын» цIэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ градус 43-рэ 15,3-рэ, къуэкIыпIэ кIыхьагъымкIэ градус 43-рэ 01,2-рэ къызэщIаубыдэу икIи метр 3596-рэ и лъагагъыу Шэджэм муниципальнэ районым щыIэм фIэщыным, «Карим Мустай» цIэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ градус 43-рэ 10,7-рэ, къуэкIыпIэ кIыхьагъымкIэ градус 42-рэ 57,6-рэ къызэщIаубыдэу икIи метр 3703-рэ и лъагагъыу Шэджэм муниципальнэ районым и щIыналъэм щыIэм фIэщыным арэзы техъуэным теухуауэ Шэджэм муниципальнэ районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и Советым 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м къищта унафэ №216-м теухуа унафэр».
2. Мы Унафэр Къэрал регистрацэмкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм хуегъэхьын.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м
№700-П-П

 

Поделиться: