Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэЖылагъуэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхахыу цIыхухэм субсидиехэм я теплъэ иIэу грантхэр зэрырат Хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 2023 гъэм накъыгъэм и 10-м Налшык къалэ №87-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къыхахыу цIыхухэм субсидиехэм я теплъэ иIэу грантхэр зэрырат хабзэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къыдигъэкIа унафэ №89-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм накъыгъэм и 10-м къыдигъэкIа унафэ №87-ПП-мкIэ къащтащ Жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым цIыхухэм субсидиехэм я теплъэ иIэу грантхэр зэрыхуаутIыпщ Хабзэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м къыдигъэкIа унафэ №89-ПП-м халъхьэ ЗэхъуэкIыныгъэхэр 1.5-нэ пунктым: а) еплIанэ абзацым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ» псалъэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэ» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын; б) абзацкIэ мыр щIыгъужын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIалэгъуалэм я IуэхуэмкIэ и министерствэ» 2. 17-нэ пунктым и етхуанэ абзацым къару имыIэжу къэлъытэн. 3. 18-нэ пунктым и «а» пункт къуэдзэм «лъэIур къыщата мазэм ипэ ита мазэм и япэ махуэм» псалъэхэр хэгъэкIын. 4. 31-нэ пунктым «лэжьэгъуэ махуэ 14-м къриубыдэу» псалъэхэр «лэжьэгъуэ махуэ 30-м къриубыдэу» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|