Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэЕщанэ сабиймрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къыщалъхуа (бын щащIа) унагъуэхэу дэIыгъын хуейхэм мазэ къэс ахъшэ зэрырат хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 2023 гъэм накъыгъэм и 10-м Налшык къалэ №88-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: Ещанэ сабиймрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къыщалъхуа (бын щащIа) унагъуэхэу дэIыгъын хуейхэм мазэ къэс ахъшэ зэрырат хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №32-ПП-мкIэ къащтам халъхьэ м арэзы техъуэн. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Ещанэ сабиймрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къыщалъхуа (бын щащIа) унагъуэхэу дэIыгъын хуейхэм мазэ къэс ахъшэ зэрырат хабзэмрэ щIыкIэхэмрэ ятеухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 2-м къыдигъэкIа унафэ №32-ПП-мкIэ къащтам халъхьэ ЗэхъуэкIыныгъэхэр 1. 3-нэ пунктым «2019 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м иужькIэ» псалъэхэр «2022 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 31-м къэсыху пIалъэм къыыриубыдэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 2. 12-нэ пунктым «иужьрей календарь мазищым» псалъэхэр «иужьрей календарь мазэ пщыкIутIым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 3. 14-нэ пунктым «щы» псалъэр» «пщыкIутI» псалъэкIэ щызэхъуэкIын. 4. 20-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн. 5. 21-нэ пунктым «ЛэжьыгъэмкIэ, IэнатIэ егъэгъуэтынымкIэ, социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ центр» псалъэхэр «ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэм IэнатIэ егъэгъуэтынымкIэ, социальнэ къыщхьэжыныгъэмкIэ республикэ центр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 6. 22-нэ пунктым и «д» пункт къуэдзэм «иужьрей календарь мазищым» псалъэхэр «Иужьрей календарь мазэ пщыкIутIым» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын. 7. 27-нэ пунктым мыпхуэдэ «г» пункт щIагъыр щIыгъужын: «г) «Сабий зиIэ цIыхухэм ират къэрал пособиехэм я IуэхукIэ» 1995 гъэм накъыгъэм и 19-м къыдэкIа Федеральнэ закон №81-ФЗ-м ипкъ иткIэ а сабийм мазэ къэс ят пособиер хуэгъэувын сабийр къызэралъхуам икIи абы гъэсэныгъэ зэрырагъэгъуэтым къыхэкIыу»
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|