Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКавказым папщIэ екIуэкIа зауэзэрылIым (1943 гъэ) нэмыцэ фашистыдзэхэр щызэхэзыкъутахэм яхэта гъунапкъэхъумэхэм фэеплъ яхуэгъэувыным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и указ Кавказым папщIэ екIуэкIа зауэзэрылIым (1943 гъэ) нэмыцэ фашистыдзэхэр щызэхэзыкъутахэм яхэта гъунапкъэхъумэхэм я фэеплъыр мыкIуэдыжын ящIын мурадкIэ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэу къэхъуахэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ехъулIэныгъэ ин дыдэ къыхуэзыхьахэм икIи и пащхьэм фIыщIэ щхьэхуэхэр щызиIэ цIыхухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжын щIыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №94-РЗ-уэ 2012 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м къыдэкIам и 7-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ унафэ сощI: 1. Кавказым папщIэ екIуэкIа зауэзэрылIым (1943 гъэ), нэмыцэ фашистыдзэхэр щызэхакъутахэм, яхэта гъунапкъэхъумэхэм я фэеплъ Налшык къалэм Мэлбахъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым щыIэ скверым щыгъэувын. 2.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм Мы Указыр гъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэр зэфIагъэкIыныр къызэригъэпэщын хуейщ. 3.Мы Указыр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2023 гъэм накъыгъэм и 17-м №49-УГ
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|