ДэIэпыкъуныгъэр зэпыуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Дзэ Iуэху хэха щекIуэкI Запорожье областым щыIэ зауэлIхэм якIэлъыкIуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Республикэм и УнафэщIым 503-нэ полкым яхузэдишащ зе­кIуапIэ гугъухэм пхыкIыфын хуэдэу зэгъэпэща машини 5, гъуэгуанэ хущ­хъуалъэхэмрэ нэгъуэщI Iэмэпсымэхэмрэ. 
«Ди зауэлIхэм защIэдгъэкъуэн Iуэхур зэпыдгъэуркъым. Гупхэм я унафэщIхэм сапыщIауэ сыщыт зэпытщ. Ахэр здэщыIэ щIыпIэм зэпыу имыIэу зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр идогъашэ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Iэтащхьэр дзэ унафэщIхэм яхуэзэри епсэлъылIащ. «Хахуагъэрэ лIыгъэрэ къэзыгъэлъагъуэ ди щIалэхэм дригушхуэ хъунущ. Гу якIуэцIылъу, абыхэм къыхуагъэув къалэн гугъухэр ягъэзащIэ. Си ­гуми си псэми къабгъэдэкIыу, а хэкулIхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжхэр, зыгъэса адэ-анэхэм фIыщIэ яхузощI, езыхэми щIалэ­-хэм къабгъэдэкIыу сэлами язохыж, - къыхигъэщащ УнафэщIым. - Дауи, ди щIалэхэр я Iыхьлыхэм ящIоупщIэ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм зыщIагъэкъуэн папщIэ къызэрагъэпэща, «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» фондым и къудамэу республикэм щыIэм нобэ лэ­-жьэн зэрыщIидзар яжесIащ абыхэм. Дзэ Iуэхум хэтхэм я унагъуэхэри абы къикIыжа ветеранхэри гулъытэншэ хъунукъым. Япэми хуэдэу, защIэдгъакъуэ зэпыту дыщытынущ. Шэч хэлъкъым абы ди ТекIуэ­ныгъэри гъунэгъу зэрищIынум». 

Поделиться: