Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ щIыкIэм, абы зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм къыхэкIыу е а зэпэщIэувэныгъэхэм я Iэужьу шынагъуэхэр къызэрыкъуэкIамкIэ, апхуэдэу щIыуэпс е техноген лIэужьыгъуэм щыщ къызэрымыкIуэ зэрызэфIэувамкIэ цIыхухэм пIащIэгъуэкIэ хъыбар зэрырагъащIэри хэту, теухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ 2023 гъэм накъыгъэм и 29-м Налшык къалэ №96-ПП «ЦIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ щIэупс е техноген лIэужьыгъуэм щыщ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм щыхъумэным и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №68-ФЗ-уэ 1994 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIам и 6-нэ статьямрэ «Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхукIэ» Федеральнэ закон №28-ФЗ-уэ I998 гъэм мазаем и 12-м къыдэкIам и 8-нэ статьям и 1-нэ пунктым и ебгъуанэ абзацымрэ япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1.Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ щIыкIэм, абы зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм къыхэкIыу е а зэпэщIэувэныгъэхэм я Iэужьу шынагъуэхэр къызэрыкъуэкIымкIэ, абы къыдэкIуэу щIыуэпс е техноген лIэужьыгъуэм щыщ къызэрымыкIуэ щытыкIэ зэрызэфIэувам къишэ шынагъуэхэмкIэ цIыхухэм пIащIэгъуэкIэ хъыбар зэрырагъащIэри хэту, теухуа Положенэр къэщтэн. 2. Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ я органхэм яхуэгъэлъэгъуэн: Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, щIэуэпс къулейсызыгъэхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ зи министерствэмрэ Урысей Федерацэм Бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэмрэ 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м «ЦIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэм ятеухуа Положенэр къэщтэным и IуэхукIэ» зэгъусэу къыдагъэкIа унафэ №575/355-м цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ муниципальнэ Iэмэпсымэхэм теухуа Положенэр ирагъэзэгъыну; цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ муниципальнэ Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпыным зэпымыууэ хуэхьэзырын хуэдэу ящIыну, ирагъэфIэкIуэну икIи апхуэдэу щагъэтыныр къызэрагъэпэщыну. 3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2006 гъэм мэлыжьыхьым 6-м «ЩIыуэпс, техноген лIэужьыгъуэхэм щыщ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыкъуэкIынымкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм е къызэрыкъуэкIам теухуауэ КъБР-м и цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэм я IуэхукIэ" къыдигъэкIа унафэ №90-ПП-м («Кабардино-Балкарская правда», 2006, №87-88» къару имыIэжу къэлъытэн . Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2023 - 17:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
26.09.2023 - 09:36 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
25.09.2023 - 19:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
22.09.2023 - 11:51 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
22.09.2023 - 11:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|