Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IэнатIэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IэнатIэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зегъэкIуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м
№695-П-П

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ Жылагъуэ советым хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и  Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ Жылагъуэ советым теухуа Положенэм и 3.8-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм м Парламентым и деж щыIэ Жылагъуэ советым Азычэ Светланэ Хьэднан и пхъумрэ Ткаченкэ Наталье Вячеслав и пхъумрэ яхэгъэхьэн.
2. Мы унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм накъыгъэм и 25-м
№717-П-П

 

IуэхущIапIэхэм щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, псэуныгъэм егъэщIылIа IэнатIэхэм Iуэхутхьэбзэхэр зэрыщыхуащIэ щIыкIэхэмрэ абыхэм я фIагъымрэ хамэ унафэ щIэмыт IэщIагъэлIхэм къызэралъытам кърикIуахэм ятеухуауэ фIэкIыпIэ зимыIэ отчет зэIухам и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

IуэхущIапIэхэм щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, псэуныгъэм егъэщIылIа IэнатIэхэм Iуэхутхьэбзэхэр зэрыщащIэ щIыкIэмрэ абыхэм я фIагъымрэ хамэ унафэ щIэмыт IэщIагъэлIхэм къызэралъытам теухуауэ фIэкIыпIэ зимыIэ отчет зэIухам хэплъауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1.Зи гугъу тщIы отчетыр зэгъэщIэн
2. Мы унафэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ яхуегъэхьын.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
Налшык къалэ
2023 гъэм накъыгъэм и 25-м
№718-П-П

Поделиться: