Тонни 120-рэ ирагъэшащ

Херсон, Белгород областхэм щыпсэухэм папщIэ тонни 120-рэ хъу псапэ хуэIухуэщIэхэр ирагъэшащ мэкъуауэ­гъуэм и 8 -м КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ. Абы хохьэ псы къабзэ, япэу узыхуэныкъуэ, зэрызагъэ­къабзэхэр, ерыскъыхэкIхэр, къинэмыщIхэр. ЩIэпхъа­джащIэхэр зытеуа Белгород областым щыщхэм хура­гъэшар къызыбгъэдэкIыр «Урысей зэкъуэт» партырщ. 

«Бэлыхь хэхуа цIыхухэм а хьэпшыпхэр ямыIэу хъунукъым. Херсон областым Каховскэ ГЭС-р къызэрыщагъэуам къы­хэкIыу, псыдзэ къащIэуащи, абы щыпсэу цIыхухэр ди нэIэ ­зытет Скадовскэ, Голопристанскэ щIыналъэхэм мэIэпхъуэ. Зи щIыпIэ зыхъуэжхэм я нэхъыбэр цIыхубзщ, сабийщ е узын­шагъэкIэ гугъу ехьхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр апхуэдэ щытыкIэм ихуахэм ядэмыIэпыкъуу щысынкIэ Iэмал иIэкъым», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 

Поделиться: