Зыщывмыгъэгъупщэ нобэрей махуэр

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щатыжащ Урысей Федерацэм и цIыхум и дэфтэр нэхъыщхьэр - паспортыр. НыбжьыщIэхэм дэфтэрыр щыIэрагъэ­хьэжым къеблэгъащ полицэм и майор, КъБР-м и МВД-м Iэпхъуэшэпхъуэн IуэхухэмкIэ и управленэм цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэбэч Ислъам. 

Iуэхур Урысей Федерацэм и гимнымкIэ къызэIуаха нэужь, ныбжьыщIэхэм я дэфтэр нэхъыщхьэр иратыжащ. Абыхэм гуапэу захуигъэзащ КъБР-м и Жылагъуэ ­палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий.
- Нобэрей Iуэхум къеблэгъахэм, балигъ гъащIэм хэбакъуэ ныбжьыщIэхэм сынывохъуэхъу Урысей Фе­дерацэм и махуэмкIэ! НыбжьыщIэхэм фи дэфтэр ­лъапIэр а махуэм и щIыхькIэ къызэры­фIэ­рыхьэжым фи гур нэхъри хигъэхъуэн хуейщ. Зыщывмыгъэ­гъупщэ нобэрей махуэр - Урысей Федерацэм и цIыху балигъ фыхъуащ. Насыпыр, ехъулIэныгъэр фи Iэпэ­гъуу фыпсэуну сынывохъуэхъу! Фэ къыфпоплъэ IуэхуфI­хэр. ЩIэныгъэ зэвгъэгъуэтауэ, IэнатIэ зэ­хуэмыдэ­хэм фыпэрыту, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэми IуэхукIэ ­фыкъыщыхутэнкIэ хъунущ нобэ ди пащ­хьэ къис ныбжьыщIэхэр. Дунейр къэфкIухьа нэужь къывгурыIуэнущ ущалъхуа щIыналъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэ­рыщымыIэр. ФIыуэ флъагъу Къэбэрдей-­Балъкъэрыр, Урысей Федерацэр. Гъуэгу махуэ! - жиIащ абы. 
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, и аппаратым и унафэщI Дьяченкэ Аннэрэ ветеранхэм я «ЗауэлIхэм я зэкъуэшыгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Абэно­къуэ Владимиррэ къэралым и дэфтэрыр зратыжахэм ­ехъуэхъуащ абы пщIэ хуащIу зэрахьэну, паспортыр щаIэрыхьэж махуэр щIэдзапIэ дахэ яхуэхъуну, адэкIэ ехъулIэныгъэфIхэр яIэну.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: