«@»-м и лъагъуэхэр

Электрон пощтыр щатхкIэ ипэмкIэ къызэрагъэлъагъуэ «@» пощтыр къэунэхуным куэдкIэ нэхъапэ ятхыу щытауэ къыщIокI. 
1971 гъэм американ программист Томлинсон Рэй электрон пощтыр къызэIуихащ. Абы «@» дамыгъэр къыхихащ пощт хэщIапIэ щхьэхуэхэр дэтхэнэ системэм егъэщIылIами тыншу зэхэбгъэкIыфын папщIэ. 1971 гъэм программистым япэ дыдэу электрон тхыгъэ иутIыпщащ. ЦIэхэр щитхкIэ зэхэмызэрыхьын хуэдэу, ахэр иризэпэщIихыу компьютер клавиатурэм хэт «@» - р къигъэсэбэпащ. Дамыгъэм зэи урихьэлIэнутэкъым цIэхэмрэ унэцIэхэмрэ хэтуи, пощтым щхьэхуэу хэбгъэувэну тынш хъурт. 
Индустрием къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэм щыгъуэ бухгалтерие Iуэхухэм къыщагъэсэбэп хъуат дамыгъэр. Мыбдеж къыщежьауэ хуагъэфащэ дамыгъэм и фIэщыгъэ етIуанэр - «at коммерцэ». Ар куэдрэ къагъэсэбэпын хуей щыхъум, тхыгъэ зэрытрадзэ Iэмэпсымэхэм я клавиатурэхэм хащIыхьащ. 1885 гъэм США-м къыщыдагъэкIа япэ зэрытхэ машинкэм хэтт «@» -р. Абы и ужькIэщ компьютер клавиатурэм ар къыщытехутар.
Ауэ дамыгъэр езыр ику ит лIэщIыгъуэхэми яцIыхуу щытащ. XIV - XV лIэщIыгъуэхэм, къулъшырыфхэм (монастырь) пасэрей Iэрытххэр къыщыщратхыкIыжым деж, ad хьэрфитIыр зэгъусэу бгъэдагъэувэрт (инджылызыбзэмкIэ - at). Монаххэр зэрытхэ шрифтымкIэ, «d» хьэрфым кIапэ хъурей щIэгъэша иIэт. Абы къытекIауэ хуагъэфащэ «@»-р. 
«@» дамыгъэр 1448 гъэм техуэ тхыгъэхэми хыболъагъуэ. Iэрытх тIорысэм ар къыщигъуэтащ испан тхыдэдж Романс Хорх. Абы и къэхутэныгъэхэм я сэбэпкIэ наIуэ хъуащ испан сондэджэрхэм «арроб» жыхуаIэ хьэлъагъ къызэрагъэлъагъуэ мардэр «@» дамыгъэкIэ ягъэбелджылыуэ зэрыщытар (зы арробыр килограмм 11,502-рэ мэхъу). 
Итальян щIэныгъэлI Стабиле Джорджио Флоренцэм пэгъунэгъу Прато къалэ цIыкIум экономикэ тхыдэр щадж и институтым и архивым къыщигъуэтыжауэ щытащ а дамыгъэр зыхэт тхыгъэ. 1536 гъэм и дэфтэрым - Флоренцием и сондэджэрым и письмом - къыхэщырт Испанием сату ящIэну къэкIуа кхъухьищым ятеухуа хъыбар. Абы щытепсэлъыхьырт кхъухьхэм шагъыр иту кърашэкI кумбыгъэм. Мис а кумбыгъэхэм тегъэуат зи гугъу тщIы дамыгъэр. Шагъырым а зэманым и уасар, кумбыгъэхэм ярыхуэр зыхуэдизыр зэпилъытри, Стабиле къилъытащ «@» дамыгъэмкIэ мардэ къагъэлъагъуэу щытауэ. ИкIи хуигъэфэщащ абыкIэ «amphora» псалъэр ягъэкIэщIауэ. «Амфорэр» кумбыгъэ щхьэхуэм и фIэщыгъэу къагъэсэбэпырт, нэхъапэжкIэ абы бащырыбэм ихуэр зыхуэдизыр кърагъэлъагъуэу щытат. 
Къапщтэмэ, урысыбзэми дызытепсэлъыхь дамыгъэм зэхъуэкIыныгъэ щиIащ. XVII лIэщIыгъуэм щыIа тхылъхэм ар «аз» хьэрфхэу щыплъагъурт. КъухьэпIэ Европэм и монаххэм «d» хьэрфым и кIапэхэр хъурей ящIу щытамэ, мыбдеж апхуэдэу ягъэщIэращIэр «а» хьэрфырт.
 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: