Дин IуэхущIапIэхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр

«ЦIыху зэхущытыкIэхэр ди зэманым зэIызыгъыхьэхэм пэщIэтыным теухуауэ дин IуэхущIапIэхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр» фIэщыгъэр иIэу, Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым бадзэуэгъуэм и 24-м къыщыщIэдзауэ 28 пщIондэ щекIуэкIащ ислъам егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ хиубыдэ щIыналъэхэм къикIахэр. 
Мыпхуэдэ щIэныгъэ зэхыхьэхэр илъэс къэс къызэрагъэпэщ Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ зыщIэзыгъакъуэ фондымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ я дэIэпыкъуэгъукIэ.
Лекцэхэр ирагъэкIуэкIыну кърагъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь щIыналъэм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Къалмыкъым, Краснодар щIыналъэм, Пятигорск къалэм я къэрал, дин IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. Дерсхэм гулъытэ хэха щыхуащIащ щIалэгъуалэм зэрадэлажьэ щIыкIэм, абыхэм я гупсысэр зэраунэтI Iэмалхэм.
Дерсхэр мрагъэкIуэкIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт, Пятигорск къэрал университетым Къэрал-дин зэхущытыкIэхэмкIэ и институтым и унафэщI Ибрагимов Ибрагим, абы и къуэдзэ Ибрагимов Мурад, а еджапIэм и лэжьакIуэ, «Теология» егъэджэныгъэ программэр зэхэзыгъэува Осипов Станислав, КъБР-м и ДУМ-м и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым егъэджэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и проректор Шыбзыхъуэ Мурат сымэ.
Зэхуэсхэм щытепсэлъыхьащ къэрал, дин IуэхущIапIэхэр зэрызэдэлажьэм, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ пэщIэтынымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм, апхуэдэуи УФ-м и Президентым 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м къыдигъэкIа «Урысей щэнхабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнымкIэ къэралыр зэлэжьыпхъэхэр гъэбелджылыным теухуауэ» и унафэм къыщыгъэлъэгъуахэм.
Дин лэжьакIуэхэм зэпкърахащ щхьэхуещагъэр, унагъуэ лъапIэныгъэхэр зэрамыхъумэр, хэкупсэ мыхьэнэр къазэрыгурымыIуэр, нэгъуэщIхэри къызыхэкI щхьэусыгъуэхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэу ялъагъумрэ.
Егъэджэныгъэ Iуэхум хэта псоми иратащ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ курсхэм зэрыпхыкIам щыхьэт техъуэ я тхылъхэр. 
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: