Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и указ языныкъуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ
 
Къару ямыIэжу къэлъытэн:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Бюджет IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэр гъэтэмэмыным и 1уэхукIэ» 1999 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м къыдигъэкIа Указ №16-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ щхьэхуэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр зэрырат щIыкIэхэр гъэтэмэмыным и IуэхукIэ» 2001 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м къыдигъэкIа Указ №45-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэр ахъшэкIэ къызэрызэрагъэпэщым и IуэхукIэ 2002 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №72-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ щхьэхуэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэхэр зэрырат щIыкIэхэр гъэтэмэмыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2001 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м кыдигъэкIа Указ №45-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» 2003 гъэм шыщхьэуIум и 16-м къыдигъэкIа Указ 54-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къулыкъукIэ я улахуэхэмрэ звание щхьэхуэхэмкIэ я улахуэхэмрэ хэгъэхъуэным икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и милицэм и участкэ уполномоченнэхэм псэуныгъэкIэ къазэрыщхьэщыжыр ягъэлъэщын папщIэ зэфIагъэкIынухэм я IуэхукIэ» 2003 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къыдигъэкIа Указ №79-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ языныкъуэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» 2003 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къыдигъэкIа Указ №80-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ языныкъуэхэм я лэжьакIуэхэм улахуэ зэрырат щIыкIэхэр гъэтэмэмыным и IуэхукIэ» 2001 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м къыдигъэкIа Указ №45-мрэ а УказымкIэ щIэгъэбыда Положенэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2006 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыдигъэкIа Указ №89-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ языныкъуэхэм я лэжьакIуэхэм къулыкъукIэ я улахуэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» 2007 гъэм шыщхьэуIум и 8-м къыдигъэкIа Указ№54-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ иорганхэм я IэнатIэ языныкъуэхэм я лэжьакIуэхэм къулыкъукIэ я улахуэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ 2008 гъэм мазаем и 26-м къыдигъэкIа Указ №22-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ языныкъуэхэм я лэжьакIуэхэм къулыкъукIэ я улахуэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» 2008 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №75-УП-м;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я IэнатIэ языныкъуэхэм я лэжьакIуэхэм къулыкъукIэ я улахуэхэм хэгъэхъуэным и IуэхукIэ» 2008 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м къыдигъэкIа Указ №131-УП-м.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м
№69-УГ
 
Лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэр нахуэ къэщIыным, лэжьапщIэхэмкIэ къатехуа щIыхуэхэр япшыныжыным икIи зи пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхухэм лэжьыгъэкIэ яIэ хуитыныгъэхэм къащхьэщыжыным теухуа IуэхухэмкIэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м  Налшык къалэ №146-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэр нахуэ къэщIыным, лэжьапщIэхэмкIэ къатехуа щIыхуэхэр япшыныжыным икIи зи пенсэ кIуэгъуэм нэблэгъа цIыхухэм лэжьыгъэкIэ я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжыным теухуа IуэхухэмкIэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм щIышылэм и 25-м къыдигъэкIа Унафэ №2-ПП-мкIэ щIэгъэбыдам хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
I) Комиссэм мы къэкIуэну цIыхухэр хэгъэхьэн:
Тогузаев Т.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЛэжьыгъэмкIэ щыIэ къэрал инспекцэм и унафэщIыр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (Комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ) (зэрызэгурыIуам тету)
 Акаевэ С.В. - Федеральнэ налог IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Быгу А.Хь. - Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм Iэпхъуэшэпхъуэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм иммиграцэ кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Жэмыхъуэ Л.А - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэжыныгъэмкIэ и министерствэм лэжьапщIэхэмкIэ, къэрал къулыкъущIэхэм я социальнэ шэсыпIэхэмкIэ, социальнэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIыр (Комиссэм и секретарщ)
Магуринэ Л.И. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм федеральнэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и прокурорыр (зэрызэгурыIуам тету)»;
Хъущт А.А. Тэрч муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету);
2) Ажий В.Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Аруан муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)»;
3) Уэртэбей Т.Р. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм Пенсэ икIи социальнэ страхованэмкIэ и фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)»;
4) Къалэ А.Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм -Лъэпкъ банкым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)»;
5) Соблыр Б.Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «РегистрацэмкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)»;
6) Комиссэм хэгъэкIын Бакулинэ С.А., Будаев Р.И., Дадэ М.А., Мэремкъул А.Н., Нэзрэн Б.М., Устэ Д.А..
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться: