Парламентым и Унафэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыжыныгъэмкIэ и министр Асанов А.О. жиIахэм «правительствэ сыхьэтым» щедэIуауэ икIи щытепсэлъыхьауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къыхегъэщхьэхукI дзэ Iуэху хэха зэрырагъэкIуэкIым къыхэкIыу ираджа цIыхухэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъэкъуэным хуэгъэза Iуэху зэщIэгъэуIуахэр республикэм зэрыщагъэзащIэр.

Урысей Федерацэм и Президентым «Урысей Федерацэм социально-экономикэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ цIыхухэр хъумэнымрэ къыщызэгъэпэщыным теухуауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм гъатхэпэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №121-р ягъэзащIэкIэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыхухэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэн папщIэ аргуэру лэжьыпхъэхэм ятеухуауэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м ипкъ иткIэ дзэ Iуэху хэхар зэрырагъэкIуэкIым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щраджа цIыхухэм псэуныгъэкIэ зэрызыщIагъэкъуэну мыпхуэдэ Iуэхухэр ягъэуващ.

Урысей Федерацэм и Президентым «Урысей Федерацэм хэхауэ цIыхухэр дзэ къулыкъум еджэным и IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 21-м къыдигъэкIа Указ №647-м ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым дзэм ириджа дзэ къулыкъущIэхэм мазэ къэс сом мин 25-рэ хуэдиз иратыну хуагъэув;

Дзэ Iуэху хэха щрагъэкIуэкIкIэ Урысей Федерацэм и цIыхухэу щыт, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм зэпымыууэ щыпсэу е Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щатха дзэ къулыкъущIэхэу, апхуэдэу езыхэм яфIэфIу зэхыхьа гупхэм яхэт цIыхухэу къалэн щхьэхуэхэр ягъэзащIэу удын (контузие, фэбжь, уIэгъэ) зыгъуэтахэм зэуэ сом мини 100-м къыщыщIэдзауэ сом мин 300-м нэс ират, игъуэта удыным и хьэлъагъым елъытауэ;

Дзэ Iуэху хэхам хэту хэкIуэда дзэ къулыкъущIэхэм я унагъуэхэм щыщхэм зэуэ сом зы мелуан хуэдизкIэ ядоIэпыкъу.

2022 - 2023 гъэхэм псори зэхэту сом мелуан 533-рэ иратащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым и мылъкухэм къахэкIыу.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыхухэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм псэуныгъэкIэ зэрызыщIагъэкъуэну нэгъуэщI Iуэхухэм ятеухуауэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указыр и лъабжьэу дзэ Iуэху хэхар зэрырагъэкIуэкIым къыхэкIыу ираджа дзэ къулыкъущIэхэм я хэхъуэхэр хагъэхьэркъым зыхуэныкъуэр зыхуэдизым тращIыхьу псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэным хуэгъэзауэ республикэм щалэжьхэм хуэдэ хухахыну я унагъуэхэм зыщыхуагъазэкIэ абыхэм цIыху къэс тещIыхьауэ ику иту яIэрыхьэ хэхъуэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м къыдигъэкIа Указ №128-УГ-м игъэуващ Урысей Федерацэм и цIыхухэу дзэ къулыкъум зэрыраджам къыхэкIыу дзэ къулыкъум пэрыхьэн папщIэ Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм контракт езыщIылIахэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэупIэм, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я пщIэхэр, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу зэгъэпэщыжыным халъхьэну Урысей Федерацэм и псэупIэ законодательствэм щыубзыхуа ахъшэхэр и чэзум е ирикъуу ямытамэ пениехэр зэрыщхьэщах щIыкIэр.

Дзэ Iуэху хэхам хэт цIыхухэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэн и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщIхэм япэ ирагъэщ. Къэдгъэлъэгъуа унагъуэхэм ящыщ дэтхэнэми социальнэ лэжьакIуэхэмрэ зыхыхьэ жылагъуэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэуIуу щыхуэзыщIэ центрым и IэщIагъэлIхэмрэ егъэбыдылIащ. Унагъуэхэм психологие дэIэпыкъуныгъэ, юстицэ IуэхухэмкIэ чэнджэщ иратыныр, псэуныгъэкIэ зыщIагъэкъуэныр зэтраухуащ.

2023 гъэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и гъэмахуэ лъэхъэнэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм щыпсэу сабий 65-м псоми япэ ирагъэщу иратащ и чэзур къэмысу медико-социальнэ зэфIэгъэувэжыныгъэм и IуэхущIапIэхэри яхэту зыщагъэпсэхуну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну щIыпIэхэм зэрагъакIуэ тхылъхэр.

 Дзэ къулыкъущIэхэм я унагъуэхэу сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэхэмикIи зи ныбжьыр хэкIуэта, е 1,11, гупхэм хыхьэ ныкъуэдыкъуэхэр щапIхэм яIэрыхьэ хэхъуэхэмрэ унагъуэр зыхуэдизымрэ емылъытауэ я унэхэм кIуэурэ социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ.

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я щхьэгъусэхэу, абыхэм я бынхэу лэжьэфыну ныбжьым итхэм IэщIагъэ зрагъэгъуэтыныр, лейуэ етIуанэ IэщIагъэм хурагъэджэныр, лэжьапIэ къыщалъыхъуэкIэ ядэIэпыкъуныр къызэрагъэпэщ.

Адэ-анэхэр е а тIум ящыщ зыр (хабзэкIэ абыхэм япIэ итхэр дзэ Iуэху хэхам щыхэт унагъуэхэм щхьэщахащ сабийр зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щрагъаджэ IуэхущIапIэхэм щаIыгъыным икIи абы щакIэлъыплъыным щIат пщIэр.

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм ящыщ сабийхэу курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм япэ классым къыщыщIэдзауэ епщыкIузанэм нэс щеджэхэр пщIэншэу ерыскъы пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ.

КъыхэгъэбелджылыкIын хуейщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэуныгъэкIэ зэрызыщIагъакъуэ Iуэхухэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къанэ щымыIэу зэрыщагъэзащIэр.

Апхуэдэу къыдолъытэ Урысей Федерацэм и адрей щIыналъэхэм я опытыр джауэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэмрэ псэуныгъэкIэ защIагъэкъуэнымкIэ нэгъуэщI Iуэхухэр ялэжьыфынымкIэ яIэ Iэмалхэм хэплъэн хуейуэ.

А псори я лъабжьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ зэфIагъэкI Iуэхухэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэжыныгъэмкIэ и министр Асанов А.О. жиIахэр къэлъытэн.

2. Яхуэгъэлъэгъуэн:

1) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм:

Урысей Федерацэм и Президентым «Урысей Федерацэм хэхауэ цIыхухэр дзэ къулыкъум еджэным и IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 21-м къыдигъэкIа Указ №647-м ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссариатым дзэ къулыкъум ириджа дзэ къулыкъущIэхэр псэуныгъэкIэ зэрызыщIагъэкъуэну Iуэхухэм егъэщIылIауэ законодательствэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм теухуа хъыбархэмкIэ и чэзум зэхъуэжэн мурадкIэ IуэхущIапIэхэм зызыпащIэныр къызэригъэпэщыну;

дзэ Iуэху хэхам хэтхэм е абыхэм я щхьэгъусэхэм транспорт налогыр ящхьэщыхыным теухуа Iуэхум хэплъэну;

Урысей Федерацэм и къэрал дамыгъэ лъапIэ къыхуагъэфащэ хъужыкъуэмэ, дзэ Iуэху хэхам хэтым хущIагъу псэуныгъэ шэсыпIэ папщIэу зэ етыгъуэкIэ ахъшэкIэ ягъэпэжэнымкIэ щыIэ Iэмалым хэплъэну;

2) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ къыщхьэщыныгъэмкIэ и министерствэм:

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэмрэ псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэным теухуауэ аргуэру ялэжьынухэр зэраубзыхуну Iуэхур зэхилъхьэн мурадкIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я опытыр зригъэщIэну;

ираджа цIыхухэм я унагъуэхэм щыщ сабийхэм курыт IэщIагъэ къезыт, мылажьэу щIэныгъэ щрагъэгъуэт къэрал еджапIэхэм зэрыщрагъаджэм хуэзэм (ипэжыпIэкIэ егъэджэным трагъэкIуадэм) и процент 50-м хуэдизыр ахъшэкIэ хуатынымкIэ хуитыныгъэр абыхэм ялъэгъэIэсынымкIэ щыIэ Iэмалым хэплъэну;

3) дзэ Iуэху хэхар щекIуэкIым къахьа фIыщIэхэм папщIэ дамыгъэ лъапIэ зрата дзэ къулыкъущIэхэм уней псэупIэ иращIыхьын папщIэ муниципальнэ мылъкуу щыт щIы Iыхьэхэр пщIэншэу хухахыным теухуа Iуэхум щIыпIэ самоуправленэм и органхэр хэплъэну.

3. Мы унафэр гъэзэщIа зэрыхъум кIэлъыплъыну пщэрылъ щыщIын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ.

Налшык къалэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 3-м

№756-П-П.

Поделиться: