Шыгъур

Дуней псом шыгъуу къыщыщIахым и проценти 6 къудейрщ шхыным халъхьэу къагъэсэбэпыр. Процент 17-р гъуэгу щтрыгъухэм тракIутэным ирикъуу аращ. Адрейхэр металлургием, транспорт, химие промышленностым, лэч щащI заводхэм къыщосэбэп.

Ику ит лIэщIыгъуэхэм шыгъур къагъэсэбэпырт нэгъуэщI хьэпшып лIэужьыгъуэхэр кърахъуэжу, дзэм хэтхэми иратырт ахъшэ папщIэу. А зэманым шыгъур зи Iэнэ тезыгъэувэр нэхъ къулей дыдэхэрт.

Швейцарием шыгъум фторидрэ йодидрэ халъхьэу къыщаубла нэужь, абыхэм щапхъэ трахащ франджыхэм, нэмыцэхэм, иужькIэ дуней псоми. Ар кариесым зэрыпэщIэт Iэмалт.

Тенджызым къыхах шыгъур узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ, сыту жыпIэмэ абы куэду хэлъщ цинк, медь, кремний, йод, железо, калий, селен.

Къапщтэмэ, цIыхум шхыным хилъхьэ шыгъур игъэмащIэмэ е къимыгъэсэбэпыххэмэ, и лъыр дэмыуеинымкIэ сэбэпщ. Апхуэдэуи, зи лъакъуэ бэгхэм, зи нэщIащэ къытебагэрейхэм шыгъур ягъэмащIэмэ нэхъыфIщ.

Инджылызым унафэ щыIэщ ерыскъыхэкI къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм а къыщIагъэкIым шыгъуу хэлъыр зыхуэдизыр къагъэлъэгъуэн хуейуэ. Финляндием щыIэщ цIыхубэм шыгъуу яшхыр ягъэмэщIэнымкIэ сэбэп хъу къэрал программэ щхьэхуэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар сэбэп мэхъу. Программэм и фIыгъэкIэ, инфаркт къызэуэ цIыхухэм я бжыгъэр процент 80-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.

Боливием щыIэ Уюни гуэлыр шыгъу нэхъыбэ дыдэ зыхэлъхэм ящыщщ. Гуэл игъукIыжам деж зыгъэпсэхуакIуэхэм папщIэ щаухуа хьэщIэщхэм я блынхэр мывэ шыгъум къыхэщIыкIащ. ЗыгъэпсэхупIэм кIуэхэм зы хабзэ гъэщIэгъуэн къыхуагъэув: блынхэм ебзей хъунукъым.

Киевскэ Русым и зэманым шыгъу къыщыщIахыу щытащ тенджыз ФIыцIэмрэ Азоврэ. Нэхъ иужькIэ Уралым къыщагъуэтащ абы и къыщIэхыпIэхэр.

Мёртвэ тенджызым шыгъу нэхъыбэ дыдэ хэлъщ. Абы нэмыщI ар къулейщ узыншагъэмкIэ сэбэп хъу ятIэхэмкIэ.

1980 гъэм Луизианэ штатым техногеннэ насыпыншагъэ къыщыхъуауэ щытащ. Шыгъу зыхэмылъу щыта Пенер гуэлым ар куэду зэрыхищIам нэмыщI, хуэдищэкIэ нэхъ куу хъуащ. Ар кърикIуащ щIыдагъэ къалъыхъуэурэ, шыгъу шахтэхэм ящыщ зы зэрыкIуэцIраудам.

ЦIыху щхьэхуэм и хьэлъагъым тепщIыхьмэ, зы килограммым хуэзэу шыгъу граммищ хуэдиз ишх хъужыкъуэмэ, игъэлIэнущ. Псалъэм папщIэ, килограмм 75-рэ зи хьэлъагъым шыгъу грамм 225-рэ ишха нэужьщ апхуэдэ къыщыхъуфынур.

ЩIэныгъэлIхэм жаIэ цIыху балигъым илъэсым къриубыдэу ику иту шыгъу килограмми 8 хуэдиз ишхыу. А бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ мэхъу, цIыхур чипсрэ фастфудкIэ ерыщмэ.

ГъэщIэгъуэнщ: хьэндрабгъуэхэм шыгъу щахуримыкъум деж, абыхэм Iэщышхуэхэм я нэпсрэ я пщIэнтIэпсрэ ираф.

ЦIыхум бжьэ къеуа нэужь, бжьэуапIэм шэрэзыр къыхичыжрэ, абдеж шыгъу псыф трилъхьэмэ, узымрэ бжьыбжьымрэ хегъэкI.

Шыгъу къыщIахыу лэжьахэм я щIыхькIэ яухуа фэеплъхэмрэ музейхэмрэ дунейм куэду тетщ. Апхуэдэ ущрихьэлIэнущ Франджым, Италием, Австрием, Португалием, Колумбием. Урысейм шыгъум и музей цIэрыIуэр щыIэщ Соликамск. Абы ди зэманми хъума щыхъуащ XIX лIэщIыгъуэм къызэIуахауэ щыта шыгъугъавэ заводыр.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: