Унэхэр зэрагъэпэщыжДызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуэныкъуэ щымыIэу щызэрагъэпэщыжащ фэтэр куэду зэхэт унэу 44-рэ. Иджыпсту 46-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI икIи 2023 гъэм и кIэм нэсыху ахэри зэфIагъэкIынущ. Абы хыхьэу лифтхэр, унэ кIуэцIым и инженер системэхэр, унащхьэхэр зэрахъуэкI, унэ IуплъапIэхэр къагъэщIэрэщIэж. Къыхэдгъэщынщи, унэхэр зыхуэныкъуэ щымыIэу зэгъэпэщыжынымкIэ щIыналъэ операторым иджыблагъэ къыхилъхьащ 2023 гъэм и щэкIуэгъуэ - дыгъэгъазэ мазэхэм къриубыдэу цIыхухэм къатын хуей ахъшэмкIэ щIыхуэу ятелъу хъуар зэуэ япшыныжу щытмэ, и чэзум зэрыхамылъхьам щхьэкIэ къытралъхьа къуэдыр худачыхыну.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|