Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм   хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хабзэр къыщызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ  зэзыгъэуIу зэIущIэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ" 2020 гъэм мазаем и 27-м къыдигъэкIа Указ №15-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) зэзыгъэуIу зэIущIэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Васильцов А.Ю.  - Ипщэ дзэ  округым и  дзэ  прокуратурэм и гарнизоным и 315-нэ дзэ прокуратурэм и прокурорыр (зэрызэгурыIуам тету)

Громушкин П.Н.  - Урысей Федерацэм  ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ  къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Ковалев М.В. - Тезырхэр щрырагъэхьэкI федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ  къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)

 Козлов В.А. - Урысей Федерацэм ХъумэнымкIэ и федеральнэ  IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ связь хэхамрэ информацэмкIэ и центрым и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Кульбаев А.Б. - Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам тету)

Литвинов Р.А.  - «Урыс  тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я «Вече» обществэ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ-жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

б)  Джатэ  Р.Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу  тхын: «Дзэлыкъуэ муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр» (зэрызэгурыIуам тету)»;

в)  зэзыгъэуIу зэIущIэм хэгъэкIын Беппаев С.У., Волошин В.В., Воронин С.В., Канунников А.Д., Лыхь А.Ч., Новосельцев В.И.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ  Казбек

Налшык къалэ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м

№108-УГ

Поделиться: